Нарт хасэ – адыгэ хасэ

Жылэм, лъэпкъым и зэIущIэ нэхъыщхьэу сытым дежи щытащ хасэр. Ар ижь-ижьыж зэман лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI псалъэщ. Япэ дыдэу ущрихьэлIэри нарт эпосырщ. 
IуэрыIуатэм ди зэманым убзыхуауэ къихьэсакъым хасэр зэрекIуэкIыу щыта хабзэхэр. Зэм жеIэ хасэм зи лъэ вакъэ изылъхьэр екIуалIэу щытауэ, зэми бзылъхугъэ ирамыгъэкIуалIэу щытауэ. Нэхъыбэу эпосым къыхэщыр нартылIхэр щытепщэ хасэрщ, бзылъхугъэ яхэмыту щызэхуэс, Iуэхугъуэ гуэрым теухуауэ щызэчэнджэщ, унафэ къыщащтэрщ. 
Хасэ щыхъужкIэ ар зезыхьэ, пщIэ зыхуащI нэхъыжь яхэтащ. Тхьэмадэу хасэм хэтауэ я цIэр къраIуэ Нэсрэн-ЖьакIэ, Уэзырмэс, Алыдж, нэгъуэщIхэри. 
Хасэ унафэр псоми я зэхуэдэ унафэт. Ар умыгъэзэщIэныр емыкIушхуэу, бгъэзэщIамэ – щIыхь, пщIэ пылъу къалъытэрт. Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ лIакъуэр цIыхубзымкIэ (анэмкIэ) къалъытэу щыщыта лъэхъэнэм хасэр къежьауэ. Абы и щыхьэту нартхэм къахуэнат ныуэ хасэ, ныхасэ жыхуаIэу, бзылъхугъэхэр щызэхуэсрэ унафэ щащIу щытар. Ныуэ хасэм цIыхур и ныбэм хуэмыпщылIу жылэм и Iуэху зэртхьэу, ямей ямышхыу, щIэм жьыр илъытэу, бзылъхугъэм пщIэ хуащIу щытын хуейуэ щаIуатэрт. Ауэ Ныуэ хасэмрэ Нарт хасэмрэ зы зэман зэдыщыIауэ пхужыIэнукъым. 
Ныуэ хасэм къыщыхъуа зы Iуэхугъуэ ущрохьэлIэ нарт хъыбархэм… Сосрыкъуэ Тотрэш щиукIам, и щхьэр пихри Бырымбыху (Тотрэш и анэм) хуихьыжат, жи. Нарт бзылъхугъэхэм хасэм зэхашауэ зэхэсу Сосрыкъуэ къэп IэщIэлъу ныуэ хасэм щыщIыхьэм къэхъуар къыгурыIуэри, Сэтэней зыкъиIэтащ. И къуэм IэщIэлъ къэпыжьыр Бырымбыху и куэщIым щридзэм, къэхъуну псори зыщIэу Сэтэней гуащэр бжибл зыхэлъ пэшым къыщIэжащ. Бырымбыху къэпым иплъэу и щIалэ закъуэм и щхьэр илъу щилъагъум, и гуфIакIэм дэлъ жыр лэныстэр пэшым щIэжа и шыпхъум кIэлъыдзащ. Абы къыгурыIуат Сэтэней и чэнджэщкIэ, Сосрыкъуэ Тотрэш зэрыIэщIэукIари, илъ ищIэжыну арат. Лэныстэр бжихым кIуэцIрыкIри, ебланэм нэса Сэтэней гуащэм и щхьэц кIапэр пигъэщхъыу бжэм зыхитIащ. Мыбдеж нэрылъагъущ блибл адрыщI щызэхашэ ныхасэм мыхьэнэшхуэ иIэу зэрыщытар. 
Нарт псысэхэмрэ пшыналъэхэмрэ къызэрыхэщымкIэ, нарт хасэр щызэхыхьэр Алыджхэ я унэрщ. Алыджхэ я унэр Къургъутам бжьэпэ (хы Iуфэм) тетауэ жаIэ, щIытI лъагэкIэ къэщIыхьауэ. Къаблэ лъэныкъуэмкIэ куэбжэ хэлъащ. Унэ хужь кIыхьт Алыджхэ я унэр, щIэсэныбэт, зы щIэсэныр вийм яхуэгъэхъей къудейт. Гъуаплъэм къыхэщIыкIауэ бжэ хэлъащ унэм, лIы тIощI емыувэлIауэ, бжэр яхуIухыртэкъым. Езы Алыдж нарт псысэхэм къызэрыхэщ щIагъуэ щыIэкъым, и цIэ къыхэхуэ фIэкI: зекIуэми хыхьэркъым, чынтыр къащылъихьэкIи нартхэм ядэшэсыркъым, итIани Алыджхэ я унэр нартхэм я кIуапIэщ, хасэ, санэхуафэ щащI, лIыгъэкIэ цIэрыIуэ хъуа нартым лIыхъужьыбжьэ щрат, жьы хъуар зрашэри Алыджхэ я унэрщ.
Гу лъытэн хуейщ адыгэхэр пасэрей грекхэм алыджкIэ еджэу зэрыщытам. Адыгэ щIыналъэм, псалъэм папщIэ, хы Iуфэм, пасэрей грекхэм къалэ зыбжанэ къращIыхьауэ щытащ, а къалэхэм я къутахуэхэр нобэм къэсащ. Нэгумэ Шорэ итхыгъащ («Адыгэ народым и тхыдэ», 1958): «Ди лъахэм члисэжь куэд къинащ, ахэр алыджхэм зэраIэужьым шэч хэлъкъым. Апхуэдэ члиситI ущрохьэлIэ Псыжьыщхьэ. Псыжьрэ (Кубанрэ) Тебэрдырэ яку (Къэрэшей-Шэрджэс Хэкум и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэм) чырбыш унитI дэтщ; зым шонэкIэ йоджэ, адрейм – хасэ мывэкIэ. «Шонэр» къызытекIар «шу унэ» псалъэхэрщ – «шухэм я унэ» жыхуиIэщ. Абдеж ноби ущрохьэлIэ мывэ шхалъэрэ шыфIэдзапIэрэ. Хасэ мывэм шы лъакъуапIэрэ хьэ лъакъуапIэрэ телъщ. ЗэрыжаIэмкIэ, хасэ мывэр гъуанэщ; къуаншэмрэ захуэмрэ зэхагъэкIын щхьэкIэ, а мывэ гъуанэм ирагъэпщ: къуаншэр, псыгъуэ дыдэми, мывэ гъуанэм ипщыфынукъым; захуэр, гугъу дехьми, мывэ гъуанэм йокI». Нэгумэ Шорэ гу зэрылъитащи, Алыджхэ я унэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ, члисэм (тхьэм и унэм) пасэрей адыгэхэм я деж пщIэ лей зэрыщиIар нэрылъагъущ; къуаншэмрэ захуэмрэ абы щызэхагъэкIыу – тхьэм и пащхьэ зыщаумысыжу щытащ.
Лъэхъэнэжьым къыщежьэж хасэр Урыс-Кавказ зауэр иухыу Кавказым къина адыгэхэр Урысейм щыщ хъуа нэужь, кIуэдыжащ. Абыхэм я пщэм дэлъа къалэн гуэрхэр къэрал къулыкъущIэхэм ягъэзащIэ хъуащ. Иджырей псалъэкIэ жыпIэмэ, адыгэхэм я парламентыр яIэжакъым. Ауэ демократием зыщиужьым, 1980 гъэхэм Кавказым къыщыунэхужащ Дунейпсо Адыгэ Хасэр, адыгэбзэр, хабзэр, тхыдэр хъумэнымкIэ, дэхуэхахэм дэIэпыкъу жылагъуэ фIыщIэ хасэхэр, нэгъуэщIхэри. 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: