ЦIыхухэм сыфхуолъаIуэ

ДЫЩЭКI Марие

 

ХъуэпсапIэ имыIэу щымыIэ цIыхупсэ,
Хэти хуейщ мылъкушхуэ, хэти узыншагъэ.
Яхэтщ бын щIэхъуэпси, щыIэщ цIыху хуэныкъуи,
ЩхьэгъусэфI яIэну Тхьэм елъэIуи хъушэщ.
Тхьэм солъэIу мы мазэм фи лъэIухэр зэщIэну,
Дэрэжэгъуэр ину фи псэм къылъысыну,
СыфхуолъаIуэ псоми дызытет щIыналъэм
 ХъуэпсапIэу щывиIэр гъэзэщIа щыхъуну.
Псом ящхьэщ фи жьэгур тыншыпIэу щытыныр,
Унагъуи Iыхьлыи IуэхуфI зэрахьэныр.
Уз лъэпкъ зыхыумыщIэу уи Iыхьэ блэжьыфмэ,
Сыт щыIэ уиIэну абы нэхъ гуфIэгъуэ.
Апхуэдэу щыщыткIэ, фхухъу натIэ насыпыр,
Мы фи гур зыдэпхъэм нырес фи мурадхэр,
ЗыхэфщIэ дэтхэнэми гъащIэм и IэфIыр
Щрет ди гур щабэу, зым зыр дгъэгуфIэфу.

МахуэщIэ

Узыншэу махуэм дыIущIащи,
Ди Тхьэшхуэм фIыщIэ хуэдывгъэщI.
Дунейр мамыру нэху дгъэщащи,
Ар сыту дэркIэ насып ин!
Щрырет сыт щыгъуи дунейр дахэу,
Къыщремыхъу абы гухэщI,
Фи цIыкIуи ини гукъеуэншэу
Флъагъуну жиIэ Тхьэм яфI куэд.
Мы гъащIэ гугъур ттемыхьэлъэу
ЕзыхьэкIын дагъуэншэу дыхьу,
Дызыхуей псори къэдлэжьыфу
Тхырелъ дэ лIыгъэ, къару ин.
ДыщремыщIэ дыпсэухукIэ
ЦIыхугъэ, хабзэ, нэмыс куу,
Сыт дбгъэдэмылъми, ахэр чэммэ,
Зыми дыщыщкъым, дыфейцейщ.
ЦIыхум хэлъ фIагъыр зигу темыхуэр
Уеплъыпэм сыту лъагъугъуей
Мы гъащIэм сыткIи щысэбэпым
Щапхъэ тезыхыр псэ къулейщ.
Къытхэлъхьэ, Тхьэшхуэ, Iэдэбагъэ,
ЕмыкIу, емыщхь къэдвмыгъэпсэлъ,
Дыхуэмыупсэу зыми IейкIэ
Ди гъащIэ хьэхур едвгъэхьэкI.

Тхьэм и тыгъэ

КъадокIуэкIыр цIыхухэм зы хъыбар,
Ар дапщэщ къежьами хэт ищIэн?
Ауэ жаIэ дуней псор зэгуэрым
Игуэшыну Тхьэм мурад ищIауэ.
Зэхуишэсри цIыхуу дунейм тетыр,
Лъэпкъ къэсыхукIэ щIыпIэ хухихащ.
Хэти къылъысащ хы Iуфэ дахэ,
Хэти иритащ мэзкIэ къулей.
Зритаи щыIэщ тафэ защIэ,
Бгылъэ щIыпIи куэдым ялъысащ.
ЩыIэщ зи насып къихьа щIы мае,
Къум къызылъысаи къахэкIащ.
МыкIуэфа адыгэр щIыр щагуэшым,
Жылэ ясэрт, ахэр губгъуэм итт.
И зэманым хуэзэу ар умысэм,
Бэвыгъэм кIэрыхути, мащIэ хъурт.
Зы зэман жыласэри яухри,
ЛIыкIуэхэр ди Тхьэшхуэм деж кIуэгъат.
ЩIылъэ псори лъэпкъхэм яритауэ,
НэгъуэщI щымыIэжу къыщIэкIащ.
Тхьэми и унафэм ебэкъуахэм
И гукъанэр гуащIэу къахуищIащ,
Ауэ щхьэусыгъуэр игу ирихьри,
Мыхэр жиIэу закъыхуигъэзащ:
«ЩIым и пIалъэ фщIэуэ зэрыщытым,
СыбзыщIынкъым - сыщыгуфIыкIащ.
Си щхьэм папщIэ къэзгъэна щIы Iыхьэм
Къыпысчынщи, Iыхьэ ныфхуэсщIынщ.
Фхузехьэнщ фэ мис а жэнэт щIыпIэр,
Си фIэщ мэхъур, икIи вгъэдэхэнщ
«Кавказщ» - а фи тыгъэм и фIэщыгъэр
Хьет жевгъэIэ, фхухъу ар угъурлы».
Тыгъэ ди Тхьэм тхуищIа щIыпIэ дахэм
Тхуэфэщэну, уардэу дытевгъэт.
Фи лъэр быдэу, зэи фыщымыджалэу,
Бэрычэт щызефхьэну къыщIыукI.

Мылъкумрэ псапэмрэ 

Сэ жызмыIэн мылъку сыхуэмейуэ,
ЩIым темыт абыкIэ ирикъуа.
Хьэлэмэтыракъэ, уиIэ пэтми,
Нэхъыбэж уиIэну ущIохъуэпс.
Дапщэ щыIэ мылъкум итхьэкъуахэу
КъекIури къемыкIури зымыщIэж,
Хэплъэт цIыхухэм, дапщэ щыIэ
МылъкукIэ псапэ, гуапэ къэзылэжь.
Мылъку хуэфащэщ хэти, и гур зэIухамэ,
ЦIыхур зыхуэныкъуэм щхьэузыхь хуищIыфмэ,
Ар къезыта Тхьэшхуэм иджыри зэриIэр
КъыгурыIуэу хэти щIэгъэкъуэн хуэхъуфмэ.
КъизмыгъэкI абы сэ уиIэу хъуар бгуэшыну,
Ар зыхуэмыфащэм и пащхьэм иплъхьэну,
Уэ пхуэдэу узыншэ, Iэчлъэч, ауэ Iуэхуншэм
Зыри къимыкIыу Iыхьэ хуэпщIыну.
Ауэ сыту сфIэфI хуэмыщIам ядэIэпыкъур, 
Сымаджэм и узыр тIэкIу щхьэщызыхыфыр,
Сыту гъуэзэджэ фэеплъу уи жылэжьым
ТыншыпIэ гуэркIэ уэ зыщIэбгъэкъуэныр.
Мылъкур хьэлэлу къэзылэжьыфым,
Псапэри гуапэри хэзыщIыкIыфым
Тхьэм девгъэлъэIу иIэну узыншагъэ,
Гухэхъуэ, насып, пщIэ ин, дэрэжэгъуэ.

Ущие 

СыфхуолъаIуэ хъуэхъу куэд фхужаIэну,
Я нэхъ гуапэ дыдэр фи щхьэм къылъысыну.
ЦIыху Iей гуэрхэм жаIэм зы тевмыщIыхьыну,
Фыгъуэнэд зырызхэм нэр иращIыжыну.
Зыгуэр къыфхуэпхъашэм фэ дахэ яжефIэ,
ИрещIэ абыхэм фэ фхэлъ гъэсэныгъэр.
Фи жьэр утIыпщауэ лей зэрыжывмыIэр,
Езым хуэдэу псори зэревмыгъэзэгъыр.
Уи щхьэм хуэпщIыж пщIэшхуэр ирелъагъу, ирещIэ.
Ирелъагъу лейзехьэми зэрыхуэбгъэгъуфыр,
Езым жиIэм зыри зэрытумыщIыхьыр
Абы щхьэкIи уи пщIэр мащIэ зэрымыхъур. 
Емыщхь къывапэскIэ фримыгузавэ,
Ар зэрымыгъасэм и нэщэнэ нахуэщ.
Ялъагъу цIыхухэм псори икIи къагуроIуэ,
Уэ пхуэфащэ уасэр ахэрщ зыгъэувыр.
ЗэгъащIэ, дапщэщи икIи игъэлъ уи гум,
Iэмал бгъуэтыхункIэ гуауэ къыумыпсэлъ,
Уи жьэм къыжьэдэкIырщ уи щхьэм пщIэу иIэныр
Мис ар уи гум илъу дунеишхуэм тет.
Езым жиIэм мэхъури, - жыфIэу фемыжажьэ,
Ар езым и напэщ икIи и емыкIущ,
Абы езым нэхърэ фызэрынэхъ лъагэр,
Iэдэбагъыу фхэлъыр нэрылъагъу къэфщIыф.
Здэтхьынкъым зыми хьэдрыхэ зыри,
Дунейр зэрыфпхъуэну фи гум къэвмыгъэкI. 
Зыщ къэдгъэнэфынур мы дунейм дяужькIэ -
Ар зетхьа IуэхуфIхэрщ, дгъэлъэгъуа щэныфIщ.

ГугъапIэ

Ди япэ джалэм дыщIэвмыгъэнакIэ,
Ди кIэ къихуэр ауан дывмыгъэщI,
Нобэ ди Iуэху хуэхъумэ
Пщэдейрейр хэт зыщIэр?
ГъащIэм къыдищIэныр
Хэт и дежкIи щэхущ.
Сыт хуэдэ зэманри дахэу тхуехьэкIыну
НатIэм къритхауэ Тхьэшхуэм къыщIигъэкI
Зэхуэдабзэщ дылIэм къытлъысын щIы Iыхьэр,
Зым депэгэкIыну дигу къэдмывгъэгъэкI.
Хэдзэж псым уэ псапэу пщIахэр псори,
ФIыщIэ е щытхъу лей фыщымыгугъ,
Ар зэригъэзахуэрэ къуитыжу
ЩыIэщ Алыхьышхуи, абы дыщогугъ.
 
 Пэжыгъэмрэ цIыхугъэмрэ къыхуреджэ
 «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм, псом хуэмыдэу егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм пэрытхэм, шэч хэмылъу, фIыуэ фоцIыху ДыщэкI Марие Сухьэмэдин и пхъур. «КъБР-м и цIыхубэ егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр илъэс 30 ипэкIэ зыхуагъэфэща Марие илъэс 50-м щIигъукIэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм яригъэджащ, жэуаплыныгъэ зыхищIэу, псэ хьэлэлу IэнатIэм пэрыту. 
ЕгъэджакIуэ Iэзэр, гъэсакIуэ гумызагъэр, жылагъуэ лэжьакIуэ жыджэрыр илъэс куэд лъандэрэ и ныбжьэгъу пэжщ адыгэбзэкIэ республикэм къыщыдэкI ди газет закъуэм. ДыщэкIым теуха, абы и къалэмыпэм къыпыкIа тхыгъэхэр, усэхэри хэту, щIэх-щIэхыурэ къытохуэ абы. «Адыгэ псалъэм» нобэ тыдодзэ Марие и къалэмыпэм къыпыкIа иужьрей усэхэм ящыщ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ДыщэкIым псэм къыбгъэдэкIыу итха усэ сатырхэм ящыщхэр нэхъапэми ди газетым къытехуащ «Хэщхьэж гупсысэхэр» фIэщыгъэр яIэу. Иджы фи пащхьэ итлъхьэхэри абыхэм къакIэлъыкIуащ. 

 

 

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться: