Хахуагъэм гъунэ иIэкъым

Тхыдэм зи цIэр къыхэна ди лъэпкъэгъу лIы щыпкъэхэм ящыщщ ЛIуп Нурхьэлий къытхуитха мы хъыбарыр зытеухуа ЛIуп Жыраслъэн. Ар щеджащ Налшык дэт Ленин еджапIэ къалэ цIыкIум, иужькIэ совпартшколым щIэтIысхьэри, ари фIы дыдэу къиухащ. ИтIанэ комсомолым и обкомым инструктору щылэжьэну ягъакIуэ. А зэманым абы республикэм и къуажэхэм лэжьыгъэшхуэ щрегъэкIуэкI, комсомол ячейкэхэр, организацэхэр къызэгъэпэщыным ехьэлIауэ.

Лэжьащ ар Къэбэрдей-Балъкъэрым ЩIэныгъэ IуэхухэмкIэ и министерствэм и къудамэм и унафэщIу, республикэм и мэкъумэш еджапIэ нэхъыщхьэм и егъэджакIуэ нэхъыжьу. Партым и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и унафэкIэ, Жыраслъэн Тэн Iуфэ Iус Ростов щыIэ парт еджапIэ нэхъыщхьэм ягъакIуэ.

ЛIупым щхьэгъусэ хуэхъуа цIыхубз дахэр - Шэджэм Езанэм щыщ ЩакIуэ Мэрян - еджапIэм къыщецIыху, я насып зэхэлъуи къыщIокI. ЕджапIэр 1935 гъэм фIы дыдэу къаухри, зэгъусэу къагъэзэж. Республикэм и Правительствэм и унафэкIэ, Жыраслъэн Бахъсэн МТС-м и директору ягъэув. Абы щIэныгъэуи акъылыуи иIэр хуеунэтI лэжьыгъэр тэмэму къызэгъэпэщыным.

Хэку зауэшхуэр къохъей. Къэралым цIыхуу исыр фронтым дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъунум яужь итщ. А Iуэхугъуэ иным Жыраслъэни абы и унафэм щIэтхэри жыджэру хэтщ. 1941 гъэм и бжьыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и 115-нэ лъэпкъ шуудзэ къыщызэрагъэпэщ. Дивизэр хуейт командир Iэзэхэм, щIэныгъэ зыбгъэдэлъ политрукхэм. Партым и обкомым, Налшык военкоматым я унафэкIэ, щIэныгъэлIхэр шуудзэм ираджэ. Абыхэм ящыщт политрук къалэныр зыхуагъэфэща Жыраслъэни.

1942 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм и кIэм шуудзэр Ростов областым хыхьэ Сальск губгъуэм и деж нэмыцэхэм щапэщIэуващ. Шуудзэм щыщу СталинградкIэ екIуэкIахэр генерал-полковник Еременкэ А. И. зи унафэщI фронтым и еплIанэ шу корпусым хыхьащ. Еременкэ и унафэкIэ мазитIрэ ныкъуэкIэ корпусыр щызэуащ Сталинград и гъунапкъэхэм. Сэлэтхэм зыщагъэпсэху зэман кIэщIхэм деж политрук ЛIупым парт, комсомол зэIущIэхэр иригъэкIуэкIырт, зэхэуэ гупхэм къыхэжаныкIахэр игъэгушхуэрт, фронтым и унафэщIхэм къагъэув къалэнхэм зауэлIхэр щыгъуазэ ищIырт, зауэм лIыхъужьыгъэ къыщызыгъэлъэгъуахэм дамыгъэ къызэрыратыну тхылъхэр игъэхьэзырырт, абы зауэлIхэр щыгъуазэ ищIырт.

Жыраслъэн зыщыща корпусыр шыщхьэмыгъазэу хэтащ мин 330-рэ хъу нэмыцэдзэр къэзыухъуреихьахэм, абы щыщу мин 91-р, генерал 24-рэ яхэту, генерал-фельдмаршал Паулюс я пашэу, гъэр къэзыщIахэм.

Абы иужькIэ совет зауэлIхэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм ебгъэрыкIуэурэ къалэ, къуажэ куэд хуит къащIыжащ. Жыраслъэни и зауэлIхэри Курск деж щекIуэкIа зауэ гуащIэм лIыгъэшхуэ къыщагъэлъагъуэу щызэуащ.

1943 гъэм и кIэм Жыраслъэн Харьков къалэм, командирхэр щагъэхьэзыру къыщызэрагъэпэща еджапIэм ягъакIуэ. Ар ехъулIэныгъэкIэ къеух. Лейтенант нэхъыжь ЛIупыр 2-нэ Украин фронтым хыхьэ 66-нэ фочауэ дивизэм и 93-нэ полкым и ротэм и командиру ягъэув. Ар ирихьэлIат Корсунь-Шевченковскэ ебгъэрыкIуэныгъэм зыщыхуагъэхьэзыр зэманым.

Джэрмэншык щыщ командир ЛIуп Жыраслъэн, Арщыдан щыщ 3-нэ батальоным хыхьэ ротэм и командир лейтенант нэхъыжь Бжьэдыгьу Шэмсэдин, Налшык къалэ щыщ 1-нэ батальоным и штабым и унафэщI капитан Пинхасов Авино сымэ зауэ гуащIэм щыIухьэм псалъэ быдэ ятащ - я псэ емыблэжу бий бзаджэм езэуэну.

2-нэ Украин фронтыр армэм и генерал Конев И. С. и унафэм щIэту 1944 гъэм щIышылэм и 5-м бийм ебгъэрыкIуэу щIидзащ. Ди зауэлIхэр щхьэмыгъазэу къалэ цIыкIухэмрэ къуажэхэмрэ хуит къащIыжу, Кировоград къалэм хуэкIуэрт.

А областым хыхьэ Нерубайкэ къуажэр нэмыцэхэм къыIэщIагъэкIыжын щхьэкIэ екIуэкIа зауэ гуащIэм щIышылэм и 8-м командир хахуэ Бжьэдыгъур щыхэкIуэдащ. И ныбжьэгъу лIыхъужьым и кIуэдыкIар Жыраслъэн хуабжьу къехьэлъэкIащ икIи псалъэ быдэ итащ Бжьэдыгъум илъ ищIэжыну. ФIыуэ илъагъу и ныбжьэгъур лIыгъэ хэлъу бийм зэрезэуар, абы и кIуэдыкIар иту письмо унэм къригъэхьат. Жыраслъэн и анэ Гуэшшыр, ар имыцIыхуми, и къуэм хуэдэу игъеящ. Абы и гъы макъым хьэблэ фызыр къызэхуишэсат. Абы щыгъуэ анэм жиIат: «Алыхь, си Жыраслъэнри а мафIэ лыгъэм хэкIуэдэнумэ». Анэм и къуэ пасэр, псом нэхърэ нэхъыфIу илъагьур, псэужтэкъым абы ирихьэлIэу. ТхьэмыщкIэм и псэм ищIауэ къыщIэкIынт.

Белозеркэ къуажэм и деж нэмыцэхэм зыщагъэбыдат. Зауэ гуащIэм щIидзауэ екIуэкIырт. Фашистхэм икIуэтыну я мурадтэкъым.

- Зыхуэвгъэхьэзыр дызэребгъэрыкIуэнум! - итащ командэ ЛIупым, -Хэкум, Сталиным папщIэ! - жиIэри езыр щIытIым къилъри, щIэпхъуащ, зауэлIхэр и гъусэу. Бийр къызэуэкIыурэ икIуэту хуежьащ. ЗауэлIхэм япэ иту жэ ЛIупыр напIэзыпIэм нэкIукIэ щIым хэхуащ. Абы и гущхьэм нэмыцэшэ бзаджэр къытехуат. ЗауэлIхэр къимыкIуэту ипэкIэ кIуащ, къуажэри бийм къыIэщIагъэкIыжащ. Ар къыщыхъуар 1944 гъэм щIышылэм и 16 махуэрщ. ЗэныбжьэгъуитIым зы тхьэмахуэщ я зэхуакуар. Жыраслъэни Шамсэдини я псалъэр ягъэпэжащ - Хэкум папщIэ я псэр ятащ. ЕтIуанэ махуэм Жыраслъэн Белозеркэ къуажэм дэт къуэшыкхъэм щыщIалъхьащ. Абы щыгъуэ Жыраслъэн илъэс 30-м зэрыщIигъуа щыIэтэкъым.

93-нэ полкым и командирым, штабым и начальникым я Iэ щIэлъу Жыраслъэн и адэ-анэм, и щхьэгъусэм письмо къыхуатхащ: «ФIыуэ тлъагъу нэхъыжьыфIхэ, фи гуауэ хьэлъэр дэри хуабжьу зыхэтщIащ. ФIыщIэшхуэ фхудощI апхуэдэ щIалэ хахуэ, щIалэ губзыгъэ, Хэкум папщIэ куэд зыщIэфа зэрывгъэсамкIэ. Фи къуэм лIыхъужьыгъэ ин къигъэлъагъуэу, Хэкум, къэкIуэну гъащIэм папщIэ и псэр итащ. Ар лIыхъужьщ. Дэ ар сыт щыгъуи ди гъусэу къэтлъытэнущ. Абы зэрихьа лIыгъэм папщIэ командованэм Хэку зауэ орденым и езанэ нагъыщэр къыхуигъэфэщащ. Фыкъыдогъэгугъэ Жыраслъэн илъ дэ тщIэжыну».

Абы ипэкIэ, зауэм щызэрихьа лIыгъэм папщIэ Жыраслъэн къратат Бэракъ Плъыжь, Вагъуэ Плъыжь орденхэр, «Хахуагъэм папщIэ», «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалхэр, Сталиным къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр.

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: