Узыфэр и чэзум къыщыпхутэфынур

Узыншагъэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ гъатхэпэм и 24-р Жьэн узым ебэныным и дунейпсо махуэу ягъэуващ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ я мурадт ар шына­гъуэу зэрыщытыр, абы упэщIэтынымкIэ пщIэн хуейхэр цIыхубэм я деж нахьэсыну. Илъэс къэсыхукIэ а узыфэм йолIыкI цIыху мелуан 1,6-м нэблагъэ. Нобэр къыздэсым ар къалъытэ медицинэр «зытемыкIуа узыфэу», абы къыхэкIыуи жылагъуэр зыпэщIэт гугъуехь нэхъыщхьэхэм хабжэ.

Жьэн узыр хьэлъэу узыгъэсымаджэ узыфэ зэрыцIалэщ. А узыр къызыпкърыкI микробхэр гъэкIуэдыгъуейщ, абы къыхэкIыу сымаджэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ къабзагъэм, ар сыт и лъэныкъуэкIи зыкIэлъыплъыжын хуейщ. Псом хуэмыдэу сакъын хуейщ лы, шэ, шатэ, джэдыкIэ хуэдэхэр къыщыпщэхукIэ. А ерыскъыхэм жьэн узыр къэзыгъэхъей микробхэр нэхъ яхуэлъэщ, абы къыхэкIыу ахэр щащэ щIыпIэхэм къабзагъэм и хабзэхэр къыщызэпаудмэ, цIыхум и узыншагъэм и дежкIэ абы къашэ шынагъуэр къып­хуэмылъытэнщ. 
Сымаджэр щыпсчэкIэ, къыщепскIэ, щыпсалъэкIэ, и Iупсыр тэ­ма­къым къыщытригъэкIкIэ къыжьэдэкI микробхэр метритIкIэ «зэбгролъэт», ихъуреягъкIэ щыIэ хьэпшыпхэри хьэуари яуцIэпIу. Апхуэдэу жьэн узыр зыпкърыт сымаджэр щыпсчэм ирихьэлIэу ­сабийр бгъэдыхьамэ, зэман мащIэкIэ фIэкIа абы и гъусэу щымы­тами, ар зэуэ къицIэлэнущ.
Сабийм и Iэпкълъэпкъыр быдэу зэрызэрымыубыдам къыхэкIыу, жьэн узым и микробым «хуэзэ» сабии 100-м щыщу еплIанэр сымаджэ мэхъу. ГъэщIэгъуэныращи, а узыр къызэрыпкърыхьар къыу­мыщIэу зэман куэд дэкIынкIи хъунущ. ЖэщкIэрэ къэпщIантIэу, къыхэпсчыкIыу зэрыщытыр къафIэмыIуэхуу мазэ зыбжанэкIэ йокIуэкI. А зэманым къриубыдэу Iэпкълъэпкъыр йоныкъуэкъу бактерием икIи хуэм-хуэмурэ тхьэмбылым «тIысыпIэ» зэрыщищIыным хущIокъу. Абдежым тхьэмбылым игъуэта сэкъатыр зыхуэдэр фIы дыдэу къыпхуэщIэнущ флюорограф IэмэпсымэмкIэ. Нобэ медицинэ щIэныгъэм сыт хуэдэу зимыужьами, жьэн узым упэщIэты-ныр кIуэ пэтми нэхъ гугъу мэхъу икIи Япэ дунейпсо зауэм и лъэхъэнэм абы и лъэныкъуэкIэ дызэрыта щытыкIэм дыкъы­зэ­рыщ­хьэщыкIышхуэ щыIэкъым.
Узыфэ зэрыцIалэм зыщыпхъумэфынущ БЦЖ мастэмкIэ. Абы и фIыгъэкIэ жьэн узыр къызэуалIэ сабийхэм я бжыгъэр нэхъ ма-    щIэ хъуащ, сымаджэхэми узыр къатемыхьэлъащэу йокIуэкI. Япэ мастэр сабийр дунейм къызэрытехьэрэ махуи 3 - 5 нэхъ дэмыкIыу халъхьэ, етIуанэр - илъэси 7 хъуа нэужь, къыкIэлъыкIуэу балигъыпIэ щиувэм и деж иджыри зэ къытрагъэзэж. Ауэ япэщIыкIэ ­сабийхэм Манту мастэр халъхьэри, абы къигъэлъагъуэм елъытауэ къытрагъэзэжу аращ. Мастэр зыхалъхьа щIыпIэм и деж мм 10 ­хуэдизу плъыжь цIыкIуу къэпщмэ, абы къегъэлъагъуэ узыфэ зэрыцIалэм и бактериехэм щыщ сабийм къызэрыжьэхэуар. Ман- ту мастэр Iэмал имыIэу илъэс къэс сабийм хэлъхьэн хуейщ, ар абы и узыншагъэм зыкIи зэран хуэхъунукъым.
Жьэн узыфэр зыпкърыт сабийхэр балигъхэм нэхърэ куэдкIэ ­нэхъ тыншу  пхуогъэхъуж,  ауэ  абы папщIэ ар хэмытIэсауэ щытын ­                       хуейщ. Апхуэдэм деж сабийм унэми ущеIэзэфынущ, мазищкIэ ар егъэфэн хуейщ жьэн узым зэрыпэщIэт хущхъуэм витаминхэр и ­гъусэу. Узыр хэтIэсамэ, абы нэхъри зиубгъункIэ шынагъуэ щыIэ-щи, ныбжьыщIэр сымаджэщым щIагъэгъуалъхьэ, иджы абы ирахьэлIэ хущхъуэхэри нэхъыбэнущ, илъэсым нэблагъэкIи дохутырхэр къыкIэлъыплъынущ.
Сабийр дунейм къытемыхьэ щIыкIэ жьэн узым зэрыщып­хъумэным хущIэкъупхъэщ. Апхуэдэу унагъуэм хэхъуэ яIэнумэ, абы щIэс псоми я узыншагъэр флюорограф IэмэпсымэмкIэ кърагъэпщытэн хуейщ. Сабийр дунейм къызэрытехьэу анэми апхуэдэ кIэлъыплъыныгъэ иригъэкIуэкIыпхъэщ.
Сабий къалъхуагъащIэр жьэн узым и бактериехэм пэщIэты­фынукъым. Абы и мастэр къыхалъхьа нэужьи, ар Iэпкълъэпкъым хэзэгъэху зэман дэкIын хуейщ. Абы къриубыдэу сабийм апхуэдэ бактерие къыпкърыхьэмэ, шэч хэлъкъым ар сымаджэ зэрыхъунум икIи ар абы къытехьэлъэнущ, уеблэмэ илIыкIынкIи хъунущ.
Сабийхэм жьэн узыр къапкърымыхьэн папщIэ гулъытэ хуэщIын хуейщ абыхэм я шхыныгъуэхэм. Абы ипкъ иткIэ лы, бдзэжьей, гъэш­хэкI ерыскъыхэр, пхъэщхьэмыщхьэхэр, хадэхэкIхэр сытым дежи я Iэнэм телъыпхъэщ.
Флюорографие къэпщытэныгъэм цIыху нэхъыбэ къызэщIегъэубыдэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Дэтхэнэ зыми и къалэнщ и узыншагъэм кIэлъыплъыжыну икIи илъэситI нэхъыбэ димыгъэкIыу флюорографие къэпщытэныгъэ иригъэкIуэкIын хуейщ. Ауэ ар узыфэр зыхуэлъэ гупым хыхьэмэ, и узыншагъэр нэхъыбэрэ ­къипщытапхъэщ. Сабий, медицинэ, егъэджэныгъэ IуэхущIапIэ-хэм, ерыскъым пыщIа предприятэхэм лэжьапIэ увхэм, апхуэдэу тхьэмбылым, жьэжьейм епхауэ уз гъэтIылъа зиIэхэм, фошыгъу уз зыпкърытхэм Iэмал имыIэу илъэс къэс я узыншагъэр кърагъэп­щытэн хуейщ. 
Жьэн узыфэр и чэзум къыщыпхутэфынур цIыхухэм жыджэру я узыншагъэм кIэлъагъэплъмэщ.
ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться: