«Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ»

Шыпш-Бэчбо Залинэ «Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» зыфIища тхылъыр Къанокъуэ Арсен къызэригъэпэща «StartUp» зэпеуэм щытекIуэри, абы кърита мылъкумкIэ къыщыдигъэкIащ Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм. Сабийхэм папщIэ тхылъыр щхъуэкIэплъыкIэщ, сурэтхэмкIэ дахэу гъэщIэрэщIащ. Абы ит усэхэр нэжэгужэщ, ущие яхэлъщ, фIым ухуагъасэ икIи зэгъэщIэгъуафIэщ.

- Сабиигъуэм къыздисхащ усэ тхыныр. СызэрыцIыкIурэ сфIэфIщ седжэнуи сытхэнуи. Абы зыми сыхуригъэджакъым, сыхуигъэсакъым, атIэ Iэмал зимыIэу сIурылъщ, збгъэдэлъщ. Дунейр усэу зэхызох, усэкIэ сопсалъэ! - жеIэ бзылъхугъэм.

Залинэ Къанокъуэ Арсен и зэпеуэм хыхьащ гугъэфI иIэу. Сабийхэм яхуехъуапсэрт анэдэлъхубзэкIэ усэ щIэщыгъуэхэр иту, и теплъэми удихьэхыу тхылъ яIэну.

- Къанокъуэ Арсен и зэпеуэм зэрымыщIэкIэ сыхыхьат. Сыту жыпIэмэ, ар нэхъыбэу хьэрычэт Iуэхущ зытеухуар. Сэ си проектыр зытеухуар тхылъ къыдэгъэкIынырт. Куэд щIауэ си гум илът, сехъуапсэрт тхылъ щхьэхуэ сиIэным. «Псэу си адыгэбзэ» зыфIэсща лэжьыгъэр щхьэпэ хъуну къыщалъытащ зэпеуэм, - жеIэ езым.

Тхылъым ит усэ 16-р игъэдэхащ Адыгейм щыщ сурэтыщI Богъус Заремэ. Абы ит сурэтхэм усэхэм ящIэлъ гупсысэр къощ. Хъарзынэу зэхэуващ сатырхэмрэ теплъэмрэ.

- Заремэ и сурэт телъыджэхэр интернетымкIэ къыщыслъэгъуам сатхьэкъуат. И лэжьыгъэхэм сакIэлъыплъырт, сигу дыхьэрт. ИужькIэ хуэстхащ сабий усэхэр зэрыстхыр, си усэхэмрэ и сурэтхэмрэ иту тхылъ къыдэдгъэкIыну сызэрехъуапсэр. Заремэ сыкъигъэщIэхъуакъым, ди гуапэу дызэдэлэжьащ, ныбжьэгъуи дызэхуэхъуащ, - жеIэ Залинэ.

- Тхылъыр си япэ лъэбакъуэщ. Мыр щIэджыкIакIуэ цIыкIухэм фIыуэ ялъагъуну сыхуейщ, балигъхэм папщIи мыхьэнэ иIэу къысщохъу. Сыту жыпIэмэ, дэ псоми ди лъахэр сабиигъуэрщ, - жеIэ усакIуэм.

Усэ тхылъыр дунейм къытехьэри куэдым я Iэдэж хъуащ. «Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» тхылъым пшыхь щыхуащIащ  Сэралъп Мадинэ и арт унэм, апхуэдэуи, абы радиом, газетхэм щытепсэлъыхьащ. Усэхэм ящыщ зы мульфильм гъэщIэгъуэну игъэпсащ аниматор Елей Нурдин. Иджыблагъэ Нурдин аргуэру тхылъым ит сурэтхэм тещIыкIауэ яцIэлэж тхылъ цIыкIу игъэхьэзыращ. Ар адыгэ сабийхэм я дежкIэ сэбэпщ. Адыгейм щыщ бзылъхугъэ ЖьэкIэмыхъу Софие тхылъыр кIэмыргуей диалекткIэ зэридзэкIащ. Ари мыгувэу къыдагъэкIынущ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться:

Читать также: