«Шэрджэс» псалъэр къыздикIар

(Хъыбар)

Хьэрыпым я деж щIалэ гуэр щыIэт. Ар зэрыуэлийр зыми ищIэртэкъым. Зы махуэ гуэрым азэн джэрт. Мухьэмэд-Чэрэб жыхуаIэм муIэзиным жриIащ:

 - Уэ, Алыхьым и нэхьэлатыр зытелъ, уи тхьэр уи гум щIэлъщ, - жери.

МуIэзиным азэн джэн иухри, жэмыхьэтым захуигъэзащ, Мухьэмэд-Чэрэбим къыжриIар яхуиIуэтэжащ.

 - Ар псалъэ дыджщ, апхуэдэ псалъэ жыпIэну къезэгъыркъым, ар абы хуэдгъэгъу хъункъым, дукIынщ, - жаIэри щIалэр утыкум кърашащ.

 - Мыр щхьэ муIэзиным къыжепIа, мыпхуэдэ мыхъумыщIэ жаIэ хабзэ? Уэ шэрихьэтым зэуэ уиукIынкъым, ауэ иджы нэужь жыпIэмэ, удукIынщ, - жаIэри яутIыпщыжащ.

Зы илъэс хуэдиз дигъэкIри, щIалэм аргуэру муIэзиным жриIащ:

 - Уэ, Алыхьым и нэхьэлатыр зытелъ, уи тхьэр уи лъэгу щIэлъщ.

МуIэзиным къуажэр къызэхуишэсри, яхуиIуэтащ щIалэм аргуэру къыжриIар. Мухьэмэд-Чэрэб утыкум кърашэри жраIащ:

 - Япэм пхуэдгъэгъуащ, иджы пхуэдгъэгъунукъым, удукIынущ, - жаIэри.

 - Ауэ щыхъуакIэ, дакъикъитI-щы къызэфт сывмыукIыу, - яжриIащ.

ЗэрылъэIуа дакъикъитI-щыр иратащ Мухьэмэд-Чэрэб. Мэжджытым и щIыхьэпIэм деж щылъ мывэ дэкIуеипIэм етIысылIэри, и IэпхъуамбэмкIэ тритхащ муIэзиным жриIари къуажэм яукIыну унафэ зэращIари. Ар щитхым, мывэр пхытIысыкIырт, а щIалэр зэрыуэлийр абыхэм ящIэртэкъым.

 - СулътIан-СэлимкIэ зэджэр пащтыхь хъууэ кьыщежьэкIэ, сызыхуэдэр къэфщIэнщ, - яжриIащ абы жылэм, зэман зыщIэлъэIуар икIати, яукIащ.

 - Кхъэм хэфлъхьэ хъунукъым,- жаIэри, куэншыб икIутыпIэм дашри, абы щыщIалъхьащ.

СулътIан-Сэлим къалъхуатэкъым а зэманым. Зы тэлай дэкIри, ар къалъхуащ, балигъ хъури, дзэ пашэ хъуащ. Хьэрыпым пащтыхьу яIэр жагъуэгъу хуэхъуащ. СулътIан-Сэлимри куэдрэ абы езэуащ, иужьым текIуэныгъэр ей хъури трихуащ, пащтыхьыгъуэри езым иубыдащ. Дзэр щIыгъуу СулътIан-Сэлим Мухьэмэд-Чэрэб зыукIа къуажэм дыхьащ.

Мэжджыт пщIантIэм зэхуэс щищIащ. СулътIан-Сэлим мывэм щеплъым, Мухьэмэд-Чэрэб и тхыгъэр илъэгъуащ. ЦIыхухэм захуигъазэри щIэупщIащ ар:

 - Хэт Мухьэмэд-Чэрэб и хъыбарыр къызжиIэн? Пащтыхьыгъуэр зэрызгъуэтынури, пащтыхь сызэрыхъунури дэнэ абы къыщищIа?

Къызэхуэсахэм зы лIыжь дыдэ гуэр къагъэлъэгъуащ.

 - Мис мыбы Iуэхур зыIутыр ещIэ, Мухьэмэд-Чэрэб и хъыбарыр псори къыбжиIэнщ, - жаIащ.

ЛIыжь къашам еупщIащ СулътIан-Сэлим:

 - А муIэзиныр пщIэкIэ лажьэрэт? - жиIэри.

 - ХьэкъкIэ лажьэрт, - жиIащ лIыжьым.

СулътIан-Сэлим унафэ ищIри, азэн джапIэр хригъэIэтыкIащ, щIыр къригъэтIри, дыщэ къыщигъуэтащ и щIагъым.

 - Мы дыщэрат «Уи тхьэр уи лъэгум щIэлъщ» щIыжиIар абы. Муслъымэным муслъымэнхэм хьэкъ къыIихыркъым, жиIэу арат.

И хьэдэр здыщIэлъым щыщIэупщIэм, куэншыб идзыпIэм зэрыщIалъхьар жраIащ.

СулътIан-Сэлим куэншыбыр къригъэтIри, хьэдэр къыщIригъэхыжащ.

Мухьэмэд-Чэрэб зэраукIрэ илъэс плIыщIым щIигъуат, арщхьэкIэ и хьэдэр зыкIи Iей мыхъуауэ щыщIалъхьа махуэм хуэдэу щIэлът.

 - Мыпхуэдэ цIыхур зыукIар хэт? - жиIэу щыщIэупщIэм, къызэхуэсахэм кьагъэлъэгъуащ «мор, мыр» жари цIыху къом.

 - Апхуэдэ цIыху зыукIыфа фэ си хэкум фису сыарэзыкъым, - жиIэри ахэр псори зэщIиугъуаери къэралым кърихуащ.

Хэкум кърихуахэр Мысырым кIуащ.

 - Фэ зауэлI гупым фщIа Iуэхум щхьэкIэ Чэрджэс ффIызощ! - жиIащ сулътIаным. ХьэрыпыбзэкIэ щхьэпыупщI жиIэу аращ а псалъэм. Абы къыщежьащ «шэрджэс» цIэр. А гупым пщыуэ яхэтар Къанщауэ Гъурщ. Абы и къуэщ Беркъукъу. Гупым хъунщIакIуэ защIурэ СулътIан-Сэлим и щIыгухэр зэрапхъуэрт, ягъэсырт. СулътIан-Сэлим а гупыр кърихужьэри, хым къытрихуащ, ахэр кхъухькIэ абы къисыкIри, иджы ТемрыкъуэкIэ зэджэ къалэм деж тIысыпIэ щащIащ.

Абдежым щыпсэууэрэ зы тэлай кIуащ. Нэгъуейм а далэм и дэрэжэгъуэти, абыхэм къеныкъуэкъу хъуащ. «Мыбыхэм дагъэтыншынукъым», жаIэри ПцIэмэзкIэ дэкIуеящ, абдежыр тIысыпIэ щащIащ.

Зы махуэ гуэрым Инал зипщ жылэм КъэбардэкIэ зэджэр, лъэс закъуэу, къекIуэлIащ. Иналыр егъэзыпIэ хуэхъури ешхэ-ефэу абы деж щыпсэуащ. Пщэдджыжь гуэрым Къэбардэ хьэщIэщым къыщIэкIри, Инал и деж щIыхьащ. Иналрэ и фызымрэ и гупэ хэлъу щилъагъум, Къэбардэм зигъэзащ:

 - УмыукIытэ, Къэбардэ, щхьитIу дыкъыхощ, нищу дыкъыхоплъ, лъакъуиплIу дыхэлъщ, - жиIащ Инал и фызым.

Мохэр къэтэджри захуэпащ. Пщэдджыжьым пIастэ гъэжьа, шыбжий-шыгъу - ар я дэшхыну фIыуэ зэрегъэфащ Иналрэ Къэбардэрэ.

 - Къэбардэ, сызэрынэфыр зысцIыхужырт. Си нэ нэфыр къызэзыхъуэна цIыхубзым фызыгъэкIэ сыхуейкъым, ар ууейщ, - жиIэри Инал и фызыр Къэбардэ иритащ.

Къуажэр абдеж зэхэкIащ. Къэбардэ и къуажэр губгъуэ гуэрым итIысхьэжри, илъэс заулкIэ исащ.

 - Сыт хуэдэми, Инал и щхьэгъусащ, и пащхьэ сисынкъым, псэупIэ къэзгъуэтынщ, - жиIэри хэку къилъыхъуэну ежьащ, Къэбардэ шу гуп зыщIигъури. Здэпсэун щIыпIэ Тэрч Iуфэ къыщигьуэтри, абы и Iумэтыр абдеж щыпсэуну къыхихащ.

МыдэкIи Инал къишэжащ. Къишэжам щIалэ цIыкIу хуигъуэтащ, Къазий цIэуэ иратащ. Инал лIэри, Къазий пщыгъуэр къыхуэнащ. Абыи, лIы хъури, кьишащ. ЩIалэ цIыкIуищи игъуэтащ, Жамбот, Къетыкъуэ, Мысост сымэ. Къазий гуэрыр лIэри, щIалэ цIыкIуищыр зеиншэу къэнащ. Къэбардэ и къуэпсхэри ин хъуащ. Къаруи ягъуэтащ. МыдэкIи зыхэкIыгъа жылэми пщы ямыIэжу, хэщIыныгъэ мыхъумэ хэхъуэныгьэ ямыIэу хъуащ. Къэбэрдейм цIыху къызыхагъэкIри къагъэкIуащ:

 - Пщы фиIэжкъым, фи хэхъуэныгъэр мащIэщ, дызэкъуэшщ, фыкъэкIуэж ди хэку, - жаIэри. Зи къэмынэу зрашэлIэжащ.

Къазий и къуищми лIы къахэкIащ, утыкулI хъуащ, унафэри яIэщIыхьащ. Къэбэрдей уэркъхэр жагъуэгъу къахуэхъури, хъуэн къратащ:

 - Ди пIастэ щыкъуейкIэ фытпIыжащ, - къыжраIащ.

 - Къэбэрдейм ар хъуэн къыщытхуищIакIэ, нобэ щегъэжьауэ дахэсыжыну дыхуейкъым. ДыкIуэжынщ ди хэку, жызыIэр фынакIуэ, - жаIэри зыкъаIэтащ.

КъахэкIыжщ Къэбэрдейми, Псыжьыщхьэ дэтIысхьэжащ. Илъэс куэдкIэ дэсащ Псыжьыщхьэ, ноби абы адыгэ щопсэу, ШэрджэскIэ еджэу.

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.
Поделиться:

Читать также: