И тхыгъэхэм щIэупщIэ яIэщ

КъБР-мрэ Адыгэ Республикэмрэ щIыхь зиIэ я артист Иуан Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэхэм ноби щIэупщIэ яIэщ, и уэрэдхэр ягъэзащIэ. 
Иуан Владимир Аруан щIыналъэм хыхьэ Арщыдан къуажэм 1943 гъэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ нэужьым дзэм къулыкъу щищIащ. Москва къалэм Щукиным и цIэр зезыхьэ Театр училищэм и актёр факультетыр къиухащ 1975 гъэм. Усэ тхыным пасэу дихьэхащ, абыхэм ящыщщ езым макъамэ зыщIилъхьэжахэри. Абы и тхылъхэр адыгэбзэкIи урысыбзэкIи къыдигъэкIащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ар щылэжьащ илъэс 40-м нэскIэ. Нобэ фи пащхьэ идолъхьэ Иуан Владимир и Iэдакъэ къыщIэкIа «Хьэлимэт» Iуэтэжыр.

 

Хьэлимэт

Ди хьэблэм дэсщ зы цIыхубз, Хьэлимэт жари. ГушыIэшхуэ зэрыхэлъым щхьэкIэ хъунщ – абы и нэхъыбэр къызэреджэр Хьэлэмэтщ. Ар щыгушыIэм и деж зы гуауэ лъэпкъ и нэгум иплъагъуэркъым и гъащIэр мытынш пэтми: и щхьэгъусэри дунейм ехыжащ пасэу. И адэ-анэм я гугъу умыщIыххэ. И дэлъху закъуэри щIилъхьэжащ. АтIэ ар гъунэгъу фызхэм къахыхьамэ, зэрыгушыIэнур ящIэри, абы и гъунэгъуу псори щызэхуос.
- Уа, Хьэлэмэт, дыгъуасэ бэзэрым ущыслъэгъуат, хьэмэрэ?.. – жиIэнщ зым.
- А мыгъуэ, а уэ пщIэ си лIыжьыр кхъэ бжыхь джабэм къыIут уи гугъэкъэ, Аслъижан, джэд къысхуэщэху, жиIэу, мы дуней фIыгъуэр къысхуигъэнауэ сыхэс и гугъэжу. Зы джэдыжь хуэзукIынщи гъунэгъухэм къесхьэкIынщ, жысIэри джэд щэху сыкIуати, пыл уасэ жаIэ, на, джэджьейм.
Псори мэдыхьэшх.
- Хьэлэмэт, уа Хьэлэмэт, ари зыгуэр хъунщ, ауэ Джэрий делэ уригъусэу уздэкIуэр дэнэт, Iей, зы махуэ? – къеупщIынщ нэгъуэщI зы фыз гуэри. 
- Уэри сыкъэплъэгъуа, на, абы щыгъуэ? Алыхьым дунейм трихыж ар. Сыкъызэрилъагъуу си ужь къоувэ, на. «Уи лIыр мылицэ иджыри?» - жиIэурэ къызоупщI сыхуэзэху:  «Кхъэм участковэу ягъэкIуащ», - жызоIэ сэри. Здэсхьынур дэнэ мыгъуэ мыр, жысIэу сыукIытэурэ сыкъыздехым: «Фи унэр дэндеж здэщытыр, Хьэлэмэт?» - жиIэри къызэупщIати, «ЩIыбым дэтщ, на», - щыжысIэм, «Уэлэхьи, сэ щIыбым дэт унэ сыхуэмей», - жери IукIыжащ.
- Сытыт, на, абы къригъэкIар? – мэдыхьэшх фызхэр. 
- КхъыIэ, Хьэлэмэт, Хьэжбарэ мыгъуэр сымаджэу щIэупщIакIуэ сымэджэщым ущыкIуам и гугъу къытхуэщIыжыт, - мэлъаIуэ нэгъуэщI зыгуэрхэри. 
- А махуэр сэ сщызыгъэгъупщэн щыIэкъым, Азалыхь. Мы дыгъэр къэракъэрэ, къэракъэу хуабэт, тхьэ дыдэ. СумкIэшхуитI сIыгъыу сыкIэлъыкIуат езы мыгъуэр сымаджэщым щIэлъу. Сыносри, «тIэкIу зигъэкъэбзэну нэкIуэжащ», щыжаIэм, асыхьэту къэзгъэзэжащ. Ауэрэ троллейбус итIысхьэпIэм сыкъэсыжри сежьэу сыздэщысым, чышым тесу зы щIалэжь гуэр къэсри, «дыр-р-р» жиIэри, къэувыIащ. «КъитIысхьэ машинэм», - жери къысщIэкIиящ ар, мо и нэ утхъуахэр къысхущIигъэбэрду и жьакIэ зыщIэкIэжам къыхэплъу. Сыкъэшынауэ зызоплъыхьри, зы цIыху псэ Iуту мы дунейм теткъым. Зыри жызмыIэу сыздэщысым, «КъитIысхьэ, жысIа, мыбы», - жиIэу етIуанэу хэкъузауэ къыщызжиIэм, сыт мыгъуэр сщIэнт, сумкIитIри зэрысIыгъыу чышым сыдэуващ. «ЗыIыгъ, машинэр изогъажьэ» - жери щIэпхъуащ. Сэри сыщIэпхъуащ. «Иджы къэгъэшыпIэщ, скоростыр зызохъуэкI, иджы кумбым хуэсакъ», - жиIэурэ зы остановкэ сыкъишэри къэувыIащ. «ИкI иджы, дыкъэсащ», - щыжиIэм, «Е фIыгъуэ нэхур зыхуищIэн, сыту фIыт» жысIэри чышым сыкъебэкъуащ. «МашинапщIэ къызэптын хуейщ», - щыжиIэм, сумкIэр згъэуври зы сомитху хуэсшиящ. Ар тIууэ зэпитхъри, «мыр уи здачэщ», - къыпитхъа и ныкъуэр сэ къызитыжащ. Арати, ар зэрыIужыжу сетIысэхри, къалэмкIэ сыкъэплъащ. Абы сыкъэсыным остановкэ зы-тIущ иIэжт иджыри. ФIыгъуэ нэхур зыхуищIэн, сыту фIыт, абы мо къалэм нэс «сызэримышар», силIыкIынти мы хуабэвэхым. Ахэр гукIэ зэзгъэзахуэурэ сыздэщысым, троллейбусыр къэсри унэм сыкъэкIуэжащ. 
…Аращ цIыху нэжэгужэм и гъащIэр зэригъакIуэр. Хэт ищIэрэ, абы и гум щыщIэ псор, ауэ егъэгуфIэ зыхуэзэ цIыхухэр. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:

Читать также: