Тэрч щIыналъэм щыхъыбархэр

Жыг хадэ цIыкIу
«ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхущIэм хыхьэу лажьэ «Къалэдэсхэм я тыншыпIэхэм хуэдэхэр къуажэхэм къыщызэгъэпэщын» къэрал программэм ипкъ иткIэ 2023 гъэм и кIэхэм Акъбащ Ипщэ къуажэм жыг хадэ цIыкIу щаухуащ, къуажэкум Ленинымрэ КIэрэфымрэ я цIэхэр зэзыхьэ и уэрамхэм я зэхыкIыпIэм хуэзэу. Псори зэхэту абы ирагъэубыдащ метр зэбгъузэнатIэу 3740-рэ. 
Аллеер, лъэс лъагъуэ яукъуэдияхэм къадэкIуэу, иджырей уэздыгъэхэмкIэ къызэщIагъэнэхуащ - теплъэ дахэ зиIэ торшеру II ягъэуващ, щхьэж къэс лампIитI пыдзауэ. Абы нэмыщI, тетIысхьэпIэхэмрэ пхъэнкIий идзыпIэхэмкIэ кърагъэувэкIащ. 
Асфальт зытралъхьамрэ мывэ къэухьхэр зрагъэувэкIахэмрэ псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэу 750-рэ яубыдащ. Лэжьыгъэм дэбгъуэн щымыIэу и пIалъэм зэфIагъэкIащ. 
Иджыпсту къэнэжар къэкIыгъэ щхъуантIэхэр, жыгыщIэ цIыкIухэр хэсэжынырщ. Дунейр нэхъ хуабэ зэрыхъужу абыи яужь ихьэнущ. Жыг хадэ цIыкIум щыхасэну щхъуантIагъэу сом мини I23-рэ и уасэ къащэхуащ. ИджыпстукIэ жыг зэмылIэужьыгъуэу 60 хасащ.
Апхуэдэ щIыкIэкIэ, къуажэдэсхэм яIэ хъуащ зыщагъэпсэхун, щызэхуэсын, я нэгу зыщрагъэужьын щIыпIэ дахэ. 
 
ЗэIузэпэщ ящIащ
Акъбащ Ипщэм и курыт еджапIэри 2023 гъэм икIэхэм ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжащ икIи гъэ еджэгъуэщIэм зэрыщIидзэж лъандэрэ дерсхэр щрагъэкIуэкI. Школым и IуплъапIэри, и пэш кIуэцIхэри сыт и лхэныкъуэкIи зыхуей хуагъэзащ, екIуу зэрахьащ
Псалъэм къыдэкIуэу, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр зэрахъуэкIащ, блынджабэхэр ягъэбыдащ, пэшхэр екIуу къращIыкIащ, лъэгухэм плиткэ хужьхэр иралъхьащ, зытхьэщIыпIэхэр, къабзагъэм хуэщIа нэгъуэщIхэр къат къэс щIагъэуващ. Школым и япэ къатыр зэпымычу псыIэ хъууэ, блынджабэхэр, лъэгухэр гъуатэ зэпыту щытати, ари ягъэзэкIуэжащ. 
Пэшхэр унэлъащIэхэмкIэ яхуэпащ, компьютерхэр щIагъэуващ икIи егъэджэныгъэм къыщагъэсэбэп иджырей IэмэпсымэхэмкIэ, обрудованэхэмкIэ, техникэхэмкIэ ирикъуу классхэр къызэрагъэпэщащ. Сабийхэм я творчествэ хэлъэтым зыщрагъэужьын, социальнэ пэхуэщIэхэм щелэжьын пэш щхьэхуэ абыхэм щыхухахащ. 
ЕджакIуэхэри лэжьакIуэхэри хуабжьу щыгуфIыкIащ шхапIэмрэ пщэфIапIэмри зыхуей зэрыхуагъэзам, сабийхэр IэфIу зэрагъэшхэным ехьэлIауэ зыхуэныкъуэну псори щIэуэ къызэращэхуам. 
Школыр къэгъэщIэрэщIэжыным трагъэкIуэдащ сом мелуан 65,9-рэ. 
Абы нэмыщI, еджапIэм къедза щIыпIэр зэIузэпэщ ящIащ. Метр зэбгъузэнатIэ 600-м тротуар плиткэ иралъхьащ. АбыкIэ зыкъыщIагъэкъуащ щIыналъэ, къуажэ администрацэхэм. 
 
Къуажэдэсхэм я гукъыдэжыр къаIэт
«Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу Терекскэ жылэм ЩэнхабзэмкIэ и унэр иджыблагъэ зэрагъэпэщыжащ. Жылэдэсхэр абы хуабжьу щыгуфIыкIащ. Ар щаухуауэ щытар I967 гъэрщ икIи абы лъандэрэ зэи апхуэдэу тэмэму зыхуей хуагъэзатэкъым. 
ЩэнхабзэмкIэ унэр зэгъэпэщыжыным хыхьэ лэжьыгъэу унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, псы, газ, электрокъару зэрекIуалIэ бжьамийхэр, ток кIапсэхэр, н.къ., къанэ щымыIэу зэрахъуэкIащ. Унэ лъэгухэр, унащхьэхэр, блынджабэхэр къагъэщIэрэщIэжащ. Унэм и щIыхьэпIэри зэрахъуэкIащ, ауэ IуплъапIэм япэм иIа архитектурэ теплъэр зэрыщытам хуэдэу къагъэнэжащ. Абы нэмыщI, мафIэсым, террорист щIэпхъаджагъэхэм зэрыпэщIэтын системэхэр ягъэуващ. 
Зал цIыкIури концерт щат пэшри ирагъэфIэкIуащ. Мыбы щылажьэхэми къекIуалIэхэми папщIэ шэнт щабэхэр щIагъэуващ. Лэжьыгъэхэм псори зэхэту сом мелуан 24-м щIигъу трагъэкIуэдащ икIи, зэрыжаIэу, ухуэныгъэр къыпхэмыцIыхужыным хуэдэ хъуащ.
ЩэнхабзэмкIэ унэм зэуэ зыщагъасэ сабии 150-м. Абыхэм щхьэкIэ мэлажьэ макъамэм, къафэ зэхуэмыдэхэм, IэпэIэсагъэм щыхуагъасэ студиехэр, драмкружокыр, нэгъуэщIхэри. Ухуэныгъэм ихъуреягъри гулъытэншэу къагъэнакъым: ари зэIузэпэщ ящIащ, ягъэдэхащ.
 
ЕджапIэхэр япэ ирагъэщ
Къуажэхэм дэт курыт еджапIэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, ахэр зыхуей хуэгъэзэныр мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэу къалъытэ щIыналъэм и унафэщIхэм. Абы и щыхьэтщ а IэнатIэм лэжьыгъэшхуэ зэрыщрагъэкIуэкIыр. Абы хыхьэу, Тэрч районым и жылэхэм ящыщу нэхъ пхыдза Хьэмидей къуажэм и курыт еджапIэм лэжьыгъэшхуэ щызэфIагъэкIащ. 1961 гъэм яухуа, жьы хъуа школым зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэр зэи щрагъэкIуэкIатэкъым. 
Иджы, «Курыт щIэныгъэ егъэгъуэтын IэнатIэр егъэфIэкIуэн» къэрал программэм ипкъ иткIэ къуажэм дэт курыт еджапIэм нэр зыгъэгуфIэ теплъэ игъуэтыжащ. Лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIахэм хиубыдэу унащхьэр, бжэ-щхьэгъубжэхэр, инженер коммуникацэхэр, жьы хъуа нэгъуэщIхэри зэрахъуэкIащ.
ЕджапIэм и пэш кIуэцIхэр, кабинетхэр, классхэр, шхапIэр, пырхъуэр иджырей мардэм тету зэрагъэпэщыжащ, унэлъащIэхэр, техникэхэр къащэхуащ. Школым къедза щIыпIэри зэIузэпэщ ящIащ, IуплъапIэр ягъэдэхащ. 
БОРИЙ Ратмир.
Поделиться: