Ныбжьыщ1эхэр драгъэхьэх

Къэбэрдей-Балъкъэрым мафIэсым пэщIэт-къегъэлакIуэ и IуэхущIапIэм и актовэ пэшым щагъэлъэпIащ КъБР-м МафIэсым пэщIэтынымкIэ и IуэхущIапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 190-рэ, Урысейм МафIэсым пэщIэтынымкIэ и IуэхущIпэр илъэс 375-рэ зэрырикъум хуэгъэпса, мафIэсым пэщIэтыным теухуауэ ирагъэкIуэкIа сабий творчествэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэм щытекIуахэр. 
Зэпеуэр къызэригъэпэщащ «КъБ ПСС» IуэхущIапIэм, Урысей МЧС-м и Управленэ нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, «Всероссийское добровольное пожарное общество» урысейпсо жылагъуэ IэнатIэм и республикэ къудамэр щIыгъуу. Ар щIрагъэкIуэкIым и щхьэусыгъуэхэм ящыщщ сабийр мафIэм ириджэгуныр къэмыгъэхъуныр, мафIэсгъэункIыфI IэщIагъэм ныбжьыщIэхэр драгъэхьэхыныр.
Иджырей соло-гъэзащкIуэхэм я вокал зэпеуэр япэу ирагъэкIуэкIащ (нэхъапэм мафIэсым пэщIэтыным ехьэлIа сурэт, IэдакъэщIэкIымрэ сочиненэмрэ теухуат), арати абыхэми хуэдэу, жюрим хэтхэри пIейтейрт. 
ИтIанэми, финалистхэм ягъэлъэгъуащ вокал, артист зэфIэкI дахэ, я уэрэдхэм щызэхащIэрт мафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэм и лэжьыгъэм и пщIэр, языныкъуэхэм я узыншагъэмрэ гъащIэмрэ зэремыблэжыр цIыхухэр кърагъэлын папщIэ. 
Макъамэ номерхэр яухри жюрим текIуамрэ призерхэмрэ ягъэнэIуащ, ар тыншу щымытами. 
 Вокал зэпеуэм бжьыпэр щиубыдащ Май къалэм дэт гимназия №I и 10-нэ «б» классым щIэс Стягайло Антон. ЕтIуанэ увыпIэр хуагъэфэщащ Нарткъалэ дэт курыт еджапIэ №6-м и 6-нэ «б» классым шеджэ Ерокъуэ Ясминэ. Ещанэ хъуащ Бахъсэн районым хыхьэ Зеикъуэ къуажэм дэт, генерал Нэхущ Б. М. и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм и 10-нэ классым щIэс Хьэшэ Азэмэт ещанэ хъуащ. 
 Къэбэрдей-Балъкъэр мафIэс-къегъэлакIуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Къардэн Анзор зэпеуэм хэтахэм я зэфIэкIыр лъагэу къилытащ, апхуэдэуи къыхигъэщащ мыпхуэдэ зэпеуэхэр мафIэсым пэщIэтынымкIэ щIэныгъэм еджакIуэхэм я деж зыщегъэужьыным, сабийхэм я зэранкIэ къэхъу мафIэсхэм хэщIынымкIэ, мафIэсгъэункIыфI-къегъэлакIуэ IэщIагъэм зиубгъунымкIэ щхьэпэ зэрыхъур. 
Зэхьэзэхуэм щытекIуахэм иратащ дипломхэмрэ саугъэтхэмрэ, апхуэдэуи ВДПО-м и республикэ къудамэм, КъБР-м СпортымкIэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэхэмрэ «Нальчик-сладость» ООО-мрэ къабгъэдэкI саугъэт лъапIэхэр. 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

ДЫГУЛЫБГЪУ Жантинэ.
Поделиться: