Уи жэмыр мэкъумылэншэмэ, шэмэдж зэщIэлъыкIа уиIэкIэ сыт и мыхьэнэр?!

«Талантыр цIыхум къыдалъху» - жаIэ. ПфIэкъабыл ар, хьэмэрэ жыхуэтIэр зэбгъэхъулIэж хъун гуэру уеплърэ, жысIэри, зэгуэр сеупщIат тхакIуэ, усакIуэ Хьэх Сэфарбий. Нэхъыбэу зи гугъу сщIыр тхэн-усэнырт.

Абы къызжиIат а упщIэм и жэуапым теухуауэ «Си хъуреягъкIэ» и тхылъым мыр зэритыр:

«Талантым пэрыуэфын, ар зыубыдын щыIэкъым, жаIэ. Сэ абы къытызохьэ шэч. Адрей псоми хуэдэу, мы дунеижьым зэригъэкIэрахъуэщ талантри. Куэд елъытащ зэманым, щIыпIэм, псэукIэм…

Моцарт и ади, и ани, и къуэш-шыпхъу нэхъыжьхэми - музыкэр я гъащIэу, я дунейуэ псэурт. Жэщыр хэкIуэтэпауэ щызэгъэж тIэкIум фIэкIа къэмынэу, я унэм къыщыIурт макъамэр е абы теухуа псалъэмакъ щекIуэкIырт. Иужь ихьэпами, Моцарт хузэфIэкIынутэкъым музыкэм пэIэщIэ зищIыну…

НтIэ, а талантышхуэ къыдалъхуари зэриIэу, а зэман жыжьэм ди адыгэ къуажэхэм ящыщ зым, псалъэм папщIэ, Аушыджэр къуажэкIэм, къыщалъхуауэ щытамэ-щэ Моцарт? Хьэ банэ макъ нэхъ музыкэшхуэ зэхимыхрэ щIым и пэр етауэ белкIэ, гуахъуэкIэ лажьэу дунейм тетамэ? Моцартыну пIэрэт Моцарт? Композиторышхуэ хъун дэнэ къэна, музыкэ щыIэми щымыIэми имыщIэу, къигъэщIэнур къигъащIэу лIэжынкIэ хъунут.

Ар япэм. Иджы-щэ? Дунейпсо зыужьыныгъэм зи хъыринэр щIиупскIэ къалэ нэхъ пэрыт дыдэм и курыкупсэм къыщыхутатэмэ-щэ а композитор иныр зыхалъхуа унагъуэр нобэ? Моцарт аргуэру Моцарт мыхъункIэ хъунут - сабий зырыз-тIурытI фIэкIа зэзымыгъэгъуэт адэ-анэм бын ебланэр (Моцарт ебланэу къалъхуат) дунейм къытрамыгъэхьэххэнри хэлът!

МыбыкIэ жысIэну сызыхуейращи, дэтхэнэ зы Iэмэпсымэми хуэдэу, къызэрыбгъэсэбэпщ уи талантри. Уи жэмыр мэкъумылэншэмэ, шэмэдж зэщIэлъыкIа уиIэкIэ сыт и мыхьэнэр?! Абы изогъэщхь талантри - къызэрыбгъэсэбэпщ. 

АбыкIи игу  мызагъэу, Хьэхым и гупсысэхэм къыпищат: «Тхэным куэд пыщIащ. Узыхуей пхъэм хуэдиз мэзым щыпыбупщIрэ унэм уекIуэлIэжакъэ, зыбгъэпсэху мэхъу. Абы хуэдэкъым тхэныр - гупсэхугъуэ уихуэркъым махуэми, уеблэмэ жэщми… Талантым щыщ зы жылэ цIыкIу пхэмылъу зыри пхуэщIэнукъым, мис абы уимыгъэпсэууэ, укърихуэкIыу щымытмэ, стхынущ жыпIэу утIыскIэ пхуэтхынукъым…

Зыгуэрым жиIауэ щытащ: «КъызэдаIуэр зы цIыху закъуэми, си гуи си пси хэслъхьэу схужыIэнущ уэрэд». Апхуэдэущ Iуэхум зэрыбгъэдыхьэпхъэр. Уи тхыгъэм зы закъуэ нэхъ мыхъуми еджэну пщIэмэ, абы щхьэкIэ утхэ хъунущ.

Тхыгъэр псоми зэхуэдэу ягу ирихьын е иримыхьын хуейуэ щыткъым, къазэрыгурыIуэнури зэмыщхьущ. Аращ литературэ жыхуаIэжыр. Птхыр хъумэ, абы Iэмал имыIэу щIэджыкIакIуи иIэнущ. Тхылъ къыдэкIхэр я щыхьэтщ нобэрей ди литературэм адэкIи гъуэгу зэриIэнум.

Тхыгъэм гъащIэр къыхэмыщмэ, ар тэмэму цIыхум дежи пхунэхьэсынукъым. ГъащIэм и пэжыпIэрщ къэгъэлъэгъуэн хуейр, фэрыщIагъ хэмылъу… итIанэщ уи IэдакъэщIэкIыр лъапIэ щыхъунур. Япэ зэманым ирагъэлейуэ «дофIакIуэ, догъагъэ», - жаIэ фIэкIа, нэгъуэщIым тетхыхьу щытакъым, зыхуитри арат. Иджы… а фэрыщIагъыр щыIэжкъым, гъащIэм и пэжыпIэр ди тхыгъэхэм къыщыдогъэлъагъуэ. Абы уегъэгуфIэ.

Радио, телевизор, компьютер, Интернет - мыбыхэми ехьэлIауэ и Iуэху еплъыкIэр щхьэхуэт тхакIуэм: «Ахэр къежьа щхьэкIэ, а тхылъ еджэнур йоджэ. Къэслъытэркъым тхылъеджэр тфIэкIуэдауэ. Тхылъыр акъыл гуэнщ. Зи гугъу тщIыхэмрэ абырэ зэи зэхуэдэ хъунукъым.

ЦIыхум и гъащIэр зыгуэркIэ нэхъ тынш щыщIыныр, и Iуэху зэхуэмыхъухэр адрейхэм ейхэм иригъапщэу гупсысэ къыхихынымкIэ сэбэп хуэхъун - ахэращ литературэм и къалэныр.

Тхылъыр щыпIыгъым, и напэхэр щызэтебдзым нэхъ ппэгъунэгъущ, зэщIыгъущ нэмрэ гумрэ… Тхылъ еджэмрэ емыджэмрэ я къэухьри зэхуэдэкъым, цIыхум ущепсалъэм деж еджар занщIэу къыбоцIыху.

ТIэкIу я бзэм, хабзэм пщIэ хуащIу, зэрыадыгэр ящымыгъупщэу, ар я напщIэм телъу згъэпсэунут ди цIыхур. Зы лъэпкъ щыIэкъым и анэдэлъхубзэкIэ, и хабзэкIэ, нэгъуэщIкIэ адрейхэм ещхьу. Хуэсакъын, хъумэн хуейщ уи хъугъуэфIыгъуэр. Сэ нэгъуэщI щIыпIэ сыкIуамэ, хамэ цIыху сахыхьамэ, сегупсысу щытащ: «МыхъумыщIагъэ гуэр сщIэмэ, ар зэрылъэпкъыу къыддалъагъункъэ», жысIэу. СыхущIэкъуащ «адыгэхэр хабзэщIэкъущ» жезгъэIэным…»

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

Поделиться:

Читать также: