Сыфхуоупсэ

Фи унагъуэхэр щрет сыт щыгъуи

ЩIэсыпхъэр щIэсу,

ЛIыр и тегъэщIапIэу,

Бынхэм фагъэгуфIэрэ

Ныбжьэгъухэр фхуэпэжу,

ЗэгурыIуэр щытепщэу,

Ахъшэ-бохъшэр фи хъушэу,

Хэти Iыхьэ хуэфщIыфу,

Ди цIыхухъу псоми

Я щIыхьыр  лъагэу,

Насыпыр я бэу,

ЛIыгъэр я набдзэу,

Лъэпкъ псоми я щапхъэу.

Иремылъ фи унэм сымаджагъэ,

Къилъху къилъхужаи иремыхъу тутнакъ.

Фадэ ефэну къыумылъхьэ Уэ я гум,

Я мурадыфIхэм я Iэр лъреIэс.

Дунейм и IэфIым  фыхэмыну,

ЦIыхум и гуапэм фыщымыщIэу,

Быным я дахэмкIэ фыпагэу, 

Iэпкълъэпкъ  узыншэкIэ фыгуфIэу,

Фи гуэныр зэи нэщI мыхъуу,

Фи жьантIэр нэхъыжъ щымыщIэу,

Фи щIэблэр зэи  щымыуэу,

ХъыбарыфIрэ IуэхуфI куэдкIэ

МахуэщIэр къыфхуэупсэу,

Хьэл-щэныфIрэ гулъытэфIкIэ

ЦIыхухэр къыфхуэхъуахъуэу,

Бэрычэтрэ  жумартагъкIэ

Тхьэшхуэр къыфхуэгуапэу,

Угъурлыгъэрэ пэжагъ нэскIэ

Уэри щIыри къывэтэу,

Фи лъагъуныгъэрэ сакъыныгъэкIэ

Къывдалъхуахэр  арэзыуэ,

Узыншагъэрэ  Iэпкълъэпкъ лъэщкIэ

ГъащIэр куэду къыфлъэIэсу

Фыхъуну Тхьэшхуэм  солъэIу.

 

Жумартыгъэ

Уи псалъэр куэду, ауэ купщIэншэу,

Уи теплъэр дахэми, уи Iуэхухэр икIэу,

Уи Iэнэр берычэту, ауэ къэуатыншэу,

Уи лъапсэр екIуу, ауэ цIыху къэмыкIуэу,

Благъэ уи куэд щхьэкIэ, къалэн яхуумыщIэу,

Батэр бгъэшу жыпIэми, уи Iуэхум хэмыщIу,

Уи джэдкъазыр куэдми, псапэ хыумыщIыкIыу,

Уи жыг хадэр бэвми, цIыху пхуэмыгъэгуфIэу,

Упсэуну апхуэдэу сыту икIэ дыдэ.

УимыIэххэр дыщэщ уэ апхуэдэ мылъку.

УщыткIэ жумарту, ар нэхъ мащIэ мыхъу,

Тхьэшхуэм зы пхэщIамэ, щэуэ къыпхелъхьэж.

Уигу зыIыгъ шейтIаным къегъэутIыпщи псэу,

Мис ар пхузэфIэкIмэ, уи насып текIуэнщ.

 

Мазэ лъапIэ

Мы мазэ лъапIэр макIуэ епIэщIэкIыу

НэхъыфIкIэ дгъэнщIыфауэ къыщIыукI.

Куэду гуапагъэ, псапэ, жумартагъэ

ТщIэфыну тхулъэкIауэрэ, Амин.

Тхьэм жиIэ зы гуэныхьи къэдмыхьауэ,

Лей лъэпкъ зы цIыхум едмыхамэ, фIыт.

Iэмал зэриIэкIэ зыгуэр дгъэгуфIэфамэ,

Мы Тхьэшхуэм гуапэу ар къыдитыжынт.

Тхьэм жимыIэ ди жьэм Iей жиIауэ,

Е къищтауэ ди Iэм къимыщтэн,

Е зыгуэр дебгыну дигу къэкIауэ,

КъыщIэмыкIыну Тхьэшхуэ къыщIэгъэкI.

Зи лъэ къимыхьым зыщIэдгъэкъуэфауэ,

ЖетIауэ дахэ ину зигу хэщIам,

Щыуам зыгуэркIэ чэнджэщыфI еттарэ

Ар гъащIэм хэтшэжауэ къыщIыукI.

Иджыри къэс  къыджамыIа псалъэшхуэ,

Къытлъымысауэ щыIэм фIыгъуэ гуэр,

Къэдмыхьыфауэ къэнамэ фIыщIэ, гуапэ

ЦIыхуфIхэм къыфлъысыну жиIэ Тхьэм.

 

Чэнджэщ

ЦIыхум бгъэдэлъ мылъкуми абы и къулыкъуми

УемыхъуэпсэнкIэ уэ чэнджэщ узот.

Тхьэшхуэм и фIыщIэу абыхэм ухуеймэ,

ЩIэбэн ерыщуи зэбгъэгъуэтынщ.

Девгъэхъуапсэ зи лъэужьыфIхэр

Дунейм къытенэу зэи мыкIуэдыжхэм,

Дефгъэхъуапсэ, дунейм ехыжми,

Зи цIэр гъэ минкIэ къэзыгъэнэфхэм.

ГъащIэм япэ Iыхьэм ди акъыл мытIысрэ

ЕтIуанэ Iыхьэм узыншагъэр мыхъуу,

Нобэ-пщэдей защIэу гъащIэр идохьэкI,

Длэжьыфын Iуэху куэди абы тIэщIегъэкI.

ТщIапхъэм  хуэчэмIами, нобэ бзур дывгъэт,

Пщэдейреймэ, ныбгъуэр  тIэщIэкIынри хэлъщ.

 

Дадэ и псалъэхэр

«ЦIыху хьэлхэм ящыщу сыт нэхъ икIэр?» -

ЖысIэу сощIэж дадэ сыщеупщIыгъар.

Гуапэ ин щыхъуарэ тIэкIуи пыгуфIыкIыу,

Щабэу Iэ къыздилъэу мыхэр  жиIэгъат:

«Къылъысыну уи щхьэм узыхуэмей псоми

Адрейри хуейкъым – щIыт уэ ар уи фIэщ.

Уэ жагъуэ пщыхъуныр е пхуэмыщIэфыныр

Пумыубыд нэгъуэщIым – ари уигу игъэлъ.

Нэгу нэщхъыфIэ уиIэу, уи гур зэIухамэ,

Гуауэ зиIэм дежкIэ щIэгъэкъуэн ухъуамэ,

Е гукъеуэ зиIэм бампIэр щхьэщыпхамэ,

Ар зыхуэдэ фIыгъуэр къыпхуэмылъытэн.

Ауэ нэхъ икIагъэщ уи гъунэгъу уебиймэ,

Лажьэшхуэ  зимыIэр бубурэ къэпкIухьмэ.

Дзыхь къыпхуащIа щэхур занщIэу зыIуэтэжым

Абы сыткIэ, жыIэт, уэ ущыгугъын?

Ущииным и пIэкIэ уи щIыбагъкIэ псалъэр,

А ущием  ипэкIэ уэ къыпхуэпсэлъэжыр,

Зигъэгусэ зищIрэ нэкIэ къомыплъыжмэ,

Гупсысэшхуэ иIэу ар уэ къэплъытэн?

ЕмыкIухькъэ быным щытхъуу къэзыкIухьыр,

ЗэрыжыпIэм хуэдэмэ - псоми ялъагъунщ.

Хамэр бгъэикIэрэ  ууейр бгъэпIийкIэ,

Абы фIы къишэну зэи ущымыгугъ.

И гугъу сымыщIыххэ зэуэным, бэнэным.

Тхьэм уигу къримылъхьэ зыгуэр къэбдыгъун.

Щхьэхынэ къыбдагъуэу лэжьыгъэр уи биймэ,

Упсэуху нэгъуэщIхэм  уалъэщIэмыхъэн».

Зэи сщымыгъупщэ нэхъыжьым и псалъэр.

Ахэр  зыхэслъхьэну, схэлъыну сыхущIокъу.

Зы Iуэху сыхэхуарэ зыгуэр жыIэн хуеймэ,

Дадэ и ущиер  си гум къелъыхъуэж.

 

Поделиться:

Читать также: