НОБЭМэлыжьыхьым и 15, блыщхьэ ♦Щэнхабзэм и дунейпсо махуэщ ♦Экологием теухуа щIэныгъэхэм я дунейпсо махуэщ ♦Урысейм IэщэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я радиоэлектроннэ дзэхэм я IэщIагъэлIым и махуэщ ♦1395 гъэм Тамерланрэ Тохъутэмыщрэ я дзэхэр Тэрч и деж щызэзэуащ. ♦1934 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЩIДАА-м и академик Слъон Лудин. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 13 - 19, жэщым градуси 8 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Нэхъыжьым жьэ ет, нэхъыщIэм гъуэгу ет.
Поделиться:
Читать также:
18.06.2025 - 10:46 →
НОБЭ
17.06.2025 - 09:00 →
НОБЭ
16.06.2025 - 15:00 →
НОБЭ
16.06.2025 - 14:00 →
НыбжьыщIэхэр – щIыуэпсым
11.06.2025 - 09:00 →
НОБЭ
|