«Байконур» космодромыр

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.

Космодромым километр зэбгъузэнатIэ мини 7-м нэблагъэ къызэщIеубыдэ. Абы хэтщ ракетэхэр лъэтэным щыхуагъэхьэзыр комплексхэр, ракетэхэмрэ космос аппаратхэмрэ къыщапщытэ корпус, баллистикэ ракетэхэр щагъэунэху къудамэ, нэгъуэщI куэди.

Космодромым километр 350-кIэ пэжыжьэщ Байконур къалэр. Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, космодромыр Къэзэхъстаным и нэIэ щIэуващ. Ауэ Урысейм ар бэджэнду иIыгъщ 2050 гъэ пщIондэ къэлъытауэ. Абы къыхэкIыу щIыпIэм хабзитI щыгъэуващ - Урысеймрэ Къэзэхъстанымрэ яйхэр. Къалэм къэралитIми я хабзэхъумэхэр щолажьэ, суду, военкомату, ЗАГС-у тIу щыIэщ, щызокIуэ къэралитIми я ахъшэр.

Байконурым и фIэщыгъэми гъэщIэгъуэнагъ хэлъщ. Къапщтэмэ, космодром цIэрыIуэр нэхъ зыпэгъунэгъур Тюратам жылэрт. XX лIэщIыгъуэм ар хамэ къэрал СМИ-хэм «Тюратам космическэ комплексу» къагъэлъагъуэуи щытащ. Байконур щыIащ космодром нэпцI. Ар Урысейм къигъэсэбэпырт хамэ къэрал шпионхэр игъэщхьэрыуэн папщIэ. Космодромыр Байконур епха фIэщыгъэм къытенащ.

Космодромым и дамыгъэщ «Борщов и тюльпан» жыхуаIэ удз гъэгъар. А щIыпIэм къыщыкI а тюльпан лIэужьыгъуэм теухуа тхыгъэхэр щыIэщ, ар тхылъхэм къыщыгъэлъэгъуащ, Байконур теухуа фильмхэми къыхощ.

Япэ космическэ туристыр хьэршым лъэтащ Байконур космодромым текIри. Американ хьэрычэтыщIэ Тито Деннис 2001гъэм мэлыжьыхьым и 28-м доллар мелуан 20 щIитащ космосым зыщиплъыхьыным. Ар «Гагаринскэ старт»-кIэ зэджэм и езанэ утым телъэтыкIащ. Илъэс 61-рэ зи ныбжь зыплъыхьакIуэр махуихкIэ хьэршым щыIащ.

2000 гъэхэм щегъэжьауэ космодромыр къэгъэщIэрэщIэжынымрэ и комплексхэм кIэлъыплъынымкIэ лэжьыгъэшхуэхэр екIуэкIащ, абы и фIыгъэкIи бжыгъэхэр я лъабжьэу лажьэ ракетэхэр иIэ хъуащ.

Зэгуэр дзэм епха IуэхущIапIэу щыта космодромым иджы дуней псом щыщ туристхэр ирегъэблагъэ. УщыкIуэнум мазитIкIэ япэ иту зебгъэтхын хуейщ. Туристхэм космодромыр къызэхаплъыхь, космическэ кхъухьхэм я макетхэр ирагъэлъагъу, музейхэм щIагъэхьэ. ЯфIэгъэщIэгъуэнщ ракетэхэр щаутIыпщкIэ еплъынуи, космонавтхэр щрагъажьэкIэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэри.

Байконур космодромым и музейр телъыджэщ. Абы гъэщIэгъуэн куэд къыщыпщIэнущ дунейпсо ракетэ ухуэныгъэмрэ космосымрэ теухуауэ. Пэш щхьэхуэ хухэхащ Королёв Сергей – космонавтикэм и конструктор цIэрыIуэм и сурэтхэр, абы къигъэсэбэпа хьэпшыпхэр, и чертёжхэр щIэлъщ. Музейм ущеплъыфынущ «Союз» космическэ кхъухьым и макетми. Гагаринымрэ Королёвымрэ я унэкIэ зэджэхэри гъэщIэгъуэнщ. Япэ унэ - пэшым Гагариныр нэху къыщекIащ космосым щылъэтэнум щыгъуэ. ЕтIуанэм Королёвыр щыпсэууэ, щылажьэу щытащ.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться: