Спортсменхэр ягъэлъапIэ![]() Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. Щхьэзакъуэ зэпеуэхэми ди лъахэгъухэм екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ. Килограмм 97-рэ зи хьэлъагъхэм я деж 2-нэ увыпIэр къыщихьащ Налшык къалэ УМВД-м и батальон хэхам и лэжьакIуэ, полицэм и сержант нэхъыжь Мамхэгъ Ислъам. Чемпионатым и жэз медалхэр къахьащ УМВД-м административнэ хабзэр гъэзэщIэнымкIэ и унафэщIым и къуэдзэ, полицэм и капитан Пщыбыхь Аслъэнрэ республикэм щыIэ МВД-м и лэжьакIуэ, полицэм и лейтенант нэхъыжь Зэшай Шамилрэ.
Поделиться:
Читать также:
18.07.2026 - 12:58 →
Я фIэфIыныгъэкIэщ зэрыхагъэхьэр
18.07.2026 - 10:56 →
Ди щIыналъэм гулъытэшхуэ щагъуэт
12.07.2026 - 12:00 →
Лъагъумыхъуныгъэ зыщIалъхьа бзэщ бзаджащIэхэм я Iэщэр
11.07.2026 - 13:01 →
Ветераным илъэсищэр хуагъэлъапIэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
| ||





