Жыджэру зызыужь IэнатIэ![]() 2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бжыгъэхэм нэхърэ. А зэманым ирихьэлIэу ди щIыналъэм и санаторэхэмрэ курортхэмрэ зыщагъэпсэхуащ цIыху мини 7-м щIигъум. Нэгъабэ и щIышылэ - гъатхэпэхэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ ар процент 40-кIэ нэхъыбэщ. Ди къэралым и адрей щIыналъэхэм къикIыу ди деж зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэ туристхэр нэхъыбэу дэзыхьэхыр Iуащхьэмахуэ лъапэрщ. Бжыгъэхэм къызэрагъэлъагъуэмкIэ, 2024 гъэм и япэ мазищым абы я нэгу зыщрагъэужьащ цIыху мин 278,6-м. Ари нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ процент 16-кIэ нэхъыбэщ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:25 →
Тщымыгъупщэну унафэ щыIэщ!
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
09.05.2026 - 10:07 →
ЛIэщIыгъуэкIэ лIакъуэхэм зэIэпах
| ||





