Илъэс 90 гъуэгуанэМы гъэм илъэс 90 ирокъу Нарткъалэ дэт консерв заводыр къызэрызэIуахрэ. Ар лажьэу яутIыпщауэ щытащ 1934 гъэм. Ди щIыналъэм и япэ промышленнэ IуэхущIапIэ лъэрызехьэхэм ящыщу щыта заводым лэжьэн щыщIидза япэ илъэсхэм щегъэжьауэ мыхьэнэшхуэ щиубыдащ тIысагъащIэ Докшукинэ посёлкэм, иужькIэ Нарткъалэ зыфIаща жылэм щыпсэухэм я гъащIэм. Заводым и лэжьакIуэхэр дапщэщи хущIэкъуащ я пщэрылъ къалэнхэр къызыхуэтыншэу зэрагъэзэщIэным. Консерв заводым нэхъыбэу щелэжьырт нащэм, помидорым, баклажаным, къэбышкIийм, джэш цIынэм, нэгъуэщI хадэхэкIхэми. Абыхэм къыхащIыкI фIэIугъэ зэмылIэужьыгъуэхэр щызэбгрыкIырт Совет Союзым и щIыпIэ куэдым.
Поделиться:
Читать также:
11.05.2026 - 15:18 →
ЩIэуахътыншэри аращ
11.05.2026 - 14:16 →
ЗауитIми я лIыхъужь
11.05.2026 - 13:15 →
115-нэ шуудзэм теухуауэ иджыри зэ
11.05.2026 - 12:13 →
Щапхъэ дахэ игъэлъагъуэрт
11.05.2026 - 10:11 →
ЦIыху зэпIэзэрыт
| ||




