ЩIэпхэр ирагъэкъэбзыкIащ

 «Iущхьэ-2024» профилактикэ Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм къриубыдэу лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIыу, КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэблагъэкIым кIэлъыплъынымкIэ и управленэмрэ Урысей ФСБ-м и Гъунапкъэхъумэ управленэу КъБР-м щыIэмрэ я лэжьакIуэхэм Шэрэдж районым и къуажэхэм я зым къыщагъуэтащ езыр-езыру щIэп къыщыкI метр зэбгъузэнатIэ 10000 хъу щIыпIэ. 

ЩIыпIэ администрацэм щыщхэр ящIыгъуу, наркотикхэкIхэр зыхэлъ къэкIыгъэу зи лъагагъыр метритIым нэсхэр ираупщIыкIри ягъэсащ. АдэкIэ а щIыпIэм химическэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ. IэщIагъэлIхэм къызэралъытамкIэ, ирагъэкъэбзыкIа щIэпыр тонни 5-м ноблагъэ. 
ЩIэпхэр къыщыкI апхуэдэ щIыпIэхэр къэхутэнымрэ ахэр иупщIыкIнымрэ хуэунэтIа лэжьыгъэм пащэ. Апхуэдэуи полицэм и лэжьакIуэхэм Iэмалхэр къагъэсэбэп хабзэншагъэкIэ наркотикхэкI зыхэлъ къэкIыгъэхэр адэкIэ зэбграгъэхын мурадкIэ хэзысэхэр жэуапым ешэлIэнымкIэ. 
 

БАХЪСЭН Азэмэт.
Поделиться: