Тыгъэхэр ират

 

Налшык къалэм и хэхып1э № 125-м, УФ-м и Федеральнэ налог 1энат1эм и инспекцэ №1-м и унэм къыщызэрагъэпэщам, и япэ хэхак1уэм саугъэтхэр хуагъэфэщащ.

Хэхып1эм и унафэщ1 Хочуев Валериан зэрыжи1амк1э, ар я хабзэ дахэщ: псалъэ гуапэхэмрэ тыгъэхэмк1э ягъэгушхуэ япэу 1э зы1этхэмрэ зи ныбжьыр илъэс 80-м щхьэдэхахэмрэ.

Мы хэхып1эм, адрейхэми хуэдэу, ц1ыхухэр махуэ псом жыджэру ек1уэл1ащ.

«Ди хэхып1эм къызэщ1иубыдэ хэхак1уэхэм я нэхъыбэр щ1ылъэ унэхэрщ щыпсэур. Апхуэдэуи Нэгумэм и уэрамым тет унэхэм я япэ къатхэр тыкуэнщ е шхап1эщи, 1э зы1этынухэр ет1уанэ къатым къыщыщ1эдзауэщ. Ауэ, абыи емылъытауэ, ц1ыхухэр ди куэдщ», - дыщ1игъуащ хэхып1эм и унафэщ1ым. Къыхэгъэщыпхъэщ мы хэхып1эм бюллетеньхэр къызэрабжыж 1эмэпсымэхэр зэрыщ1этри.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: