КиберщIэпхъаджагъэхэм щахъумэ

УФ-м и МВД-м КъБР-м щиIэ къудамэм фокIадэм и 11-м зэIущIэ щекIуэкIащ. Абы щытеп­сэлъыхьащ бзаджащIэхэм электрон Iэмалхэр къагъэ­сэбэ­пурэ цIыхухэм я мылъкур къы­зэрыIэщIагъэкIым, жылагъуэр апхуэдэ хабзэншагъэхэм зэрыщахъумэ Iэмалхэм, зэ­рыпэ­щIэт щIыкIэхэм. 

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м, УМВД-м я Жылагъуэ советхэм хэтхэр, Психонев­рологие республикэ клиникэ центрым и психологие къудамэм и унафэщI Лысаковэ Иннэ, нэ­гъуэщIхэри. 
- Къэпщытэныгъэхэм къы­зэ­рагъэлъэгъуамкIэ, электрон Iэмалхэр къагъэсэбэпурэ цIы­ху­хэм я мылъкухэр яIэщIэзыгъэкI щIэпхъаджащIэхэр куэд къы­зэ­рыгъэхъуащ иджыпсту. Ахэр цIыхум и психологием фIыуэ щыгъуазэщи, узэтраху, утрагъэгупсысыкI, уагъэгужьейри, зы­хуейр уагъащIэ. Псалъэм папщIэ, дрихьэлIащ зи ныбжьыр хэкIуэта бзылъхугъэ, гъэтIылъыгъэу иIэр зэрыщыту IэщIагъэкIыну и ужь къихьауэ, банкым ягъэ­кIуауэ ахъшэу иIэр къыхихыу. Ар зэпымыууэ зыгуэрым телефонкIэ зэрепсалъэм гу лъатэри, банкым и лэжьакIуэхэм драджауэ арат. КъызэрыщIэкIамкIэ, «уи къуэрылъхур машинэ зэ­жьэ­хэуэм хэхуащи, бэIутIэ­Iун­шэу Iуэ­хум къыхэкIын папщIэ ахъшэ ­хуейщ, абы и псалъэкIэ нэтщIу аращ», - жаIэри, цIыхубзыр къагъэпцIауэ арат. БзаджащIэр дубыдащ ахъшэр къищтэну цIыхубзым и фэтэрым щыкIуам. Апхуэдэ къэхъукъащIэхэр гъу­нэжщ, - жиIащ КъБР-м щыIэ МВД-м и оперуполномоченнэ, полицэм и майор Исаев Бижэ. 
МВД-м участковэхэм я лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымрэ зи ныбжьыр балигъыпIэ имыувахэм я IуэхухэмкIэ и къудамэм и унафэщI, полицэм и полковник Хьэжнэгъуей Мурат зэрыжиIамкIэ, апхуэдэ щIэпхъаджащIэхэр нэхъыбэу зытегушхуэр зи ныбжьыр хэкIуэта, пенсэ тIысыжа, щхьэзакъуэу псэу цIыхухэрщ.
- Электрон бзаджащIэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэм зэпымычу дытепсэлъыхьми, абыхэм уа­къызэрыпекIуэкIыну щIы­кIэхэм цIыхухэр щыдгъэгъуазэми, къэхъукъащIэхэр нэхъ мащIэ хъуркъым. Уеблэмэ зэ къагъэпцIа цIыхум ардыдэр етIуанэу щрагъэлэжь щыIэщ. Иджыпсту телефон защIэкIэ ахъшэ щIыхуэ къыпхуоIых банкым. Фи паспорт номерыр, онлайн банкым фы­зэрихьэ псалъэхэр фIэщIагъэ­кIыу, бзаджащIэхэм фи цIэкIэ ахъшэ щIыхуэ банкым къыхахыу ар езыхэм я счётым ягъэкIуэжынкIэ хъунущ. Зыщывмыгъэгъуп­щэ! Банкым и лэжьакIуэхэр зэи фи пин-кодымрэ паролымрэ щIэупщIэркъым. ТелефонкIэ апхуэдэ хъыбархэр зэIэпахыркъым. Ахэр фIэщIагъэкIыну фы­хэ­зыгъэзыхьхэр щIэпхъаджащIэу аращи, фемыпсалъэу телефоныр тефлъхьэж, - къыхигъэщащ Хьэжнэгъуейм. 
БзаджащIэхэр цIыхум и гупсысэкIэм фIыуэ зэрыщыгъуа­зэм, жыIэзыфIэщхэр къагъэда­Iуэурэ зыхуейр къызэрыпахым тепсэлъыхьащ психологыр.
- БзаджащIэхэм тегушхуэгъуа­фIэ ящIыр зи закъуэу псэу, жы­IэзыфIэщ, ныбжь зиIэ цIы­хухэрщ. Шэч яхуумыщIу дахэу мэпсалъэ ахэр, зи лэжьыгъэм хуэIэрыхуэ лэжьакIуэхэм ещхьу зыкъуагъэлъагъуфынущ. Зи мылъку зыIэщIагъэкIахэр мэу- к­Iытэ къащыщIам тепсэлъы­хьыну. КъызэрагъэпцIар къагурыIуэжа нэужь, емыкIу къащIыну къащохъури, зыми зыкъыщрамыгъащIэ щыIэщ. Ап­хуэдэхэм я гум щIохьэж къраха лейри, уз щыхах щыIэщ. Ауэ цIыху Iейм, лейзехьэм, бзаджащIэм укъигъэпцIэным емыкIу хэлъкъым. КъыфщыщIар нэхъ псынщIэу хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм нэвгъэсыху нэхъыфIу аращ, - жиIащ Лысаковэм. 
УМВД-м и Жылагъуэ советым къыбгъэдэкIыу зэIущIэм хэта Фырэ Анфисэ тепсэлъыхьащ киберщIэпхъаджагъэхэм защы­хъу­мэнымкIэ советымрэ управленэмрэ лэжьыгъэшхуэ зэры­ра­гъэкIуэкIым.
- Банк нэхъыщхьэм къызэри­тым­кIэ, электрон бзаджащIэхэр нэхъыбэу зытегушхуэр пенсэ ныб­жьым итхэрщ, нэхъы­бэу бзылъ­хугъэхэрщ. УМВД-м и Жы­лагъуэ советымрэ управленэм и лэжьакIуэхэмрэ щIэх-­щIэхыурэ хуозэ КъБР-м и лицейхэм, курыт еджапIэхэм, кол­леджхэм щIэс­хэм икIи яхутопсэлъыхь апхуэдэ къэгъэпцIэкIэм укъы­зэ­рыпе­кIуэкIыфыну Iэмалхэм. Балигъ­хэр къапщтэмэ, гъащIэ ялъэ­гъуащ, куэд ягъэунэхуащ, куэ­дым хащIыкI. Арами, къагъэпцIэф. Сыт ар къызыхэкIыр? Зи ныбжь хэкIуэтахэр виртуальнэ дунейм пэжыжьэщ, абы къыщекIуэкI Iэмалхэм щыгъуазэкъым, телевизор щемыплъи, газет щемыджи къэхъунщ. Дауэ абыхэм мы дызытепсэлъыхь псо­ри зэраIэрыхьэнур ауэ щы­хъукIэ?! Зи ныбжь хэкIуэтахэр нэхъыбэрэ щызэхыхьэр поликлиникэхэрщ, автобусхэрщ, банкырщ. СызэригугъэмкIэ, банк­хэм щыгъэлъэгъуэн хуейщ ки­­берщIэпхъаджагъэхэм щы­теп­­­сэлъыхь роликхэр, автобус щхьэгъубжэхэм тегъэпщIапхъэщ абы теухуа тхыгъэхэр, уэрамыщхьэм щызэхэзекIуэ цIы­хухэм яхуэгуэшын хуейщ. КIэщIу жыпIэмэ, нэрылъагъуу щытыпхъэщ а информацэхэр, - жиIащ Фырэм. 
Беслъэней Гуащэмахуэ. 

Поделиться: