Ди зэманым и лIыхъужьхэр

«ЛIыхъужьхэм я зэман» платформэр си щхьэкIэ къыхэслъхьа Iуэхущ. Ар сигу къыщыкIар Санкт-Петербург студентхэмрэ дзэ Iуэху хэхам щыIэ сэлэтхэмрэ сащыщыхуэзам щыгъуэщ. Абыхэм сащыхэплъэм къызгурыIуащ – мис ди къэралым и къэкIуэнур, абы щылэжьэнухэр. Москва сыкъэкIуэжу администрацэм и лэжьакIуэхэм Iуэхур зыIутыр щахуэсIуатэм, ягъэзэщIэну иужь ихьащ икIи цIэр къэзыгупсысар ахэращ. «ЛIыхъужьхэм я зэманыр» хуабжьу хуэкIуэт си гупсысэм.

Япэ зэхуэхьэсыгъуэм цIыху мин 43-м щIигъум я дэфтэрыр кърагъэхьащ, ахэр апхуэдизкIэ ткIийуэ къыхыдохри, мин 43-м щыщу арэзы дызытехъуар цIыху 83-ращ. Пэжщ, дызыхуейр щIэныгъэ зыбгъэдэлъ, унафэщI IэнатIэ пэрыта, лэжьыгъэм и пIалъэ зыщIэхэрщ. Ауэ «Урысей зэкъуэт» партым и съездым щыжысIащ, иджыри къытезгъэзэжынущ: иджыпсту хэкум и щIыхьыр зыхъумэу, зи гъащIэм щымысхьу  зауэ губгъуэм ит дэтхэнэ зыми хуэфащэщ мы гулъытэр.

Иджыри къыздэсым зыхуэмыфащэ зыри къэтщтакъым. Абыхэм ящыщ куэд хэгъэгухэм къулыкъу зэмылIэужьыгъуэхэм щыпэрытщ. ЕтIуанэ зэхуэшэсыгъуэм щIизащи, цIыху мин 15-м я дэфтэрхэр хьэзырщ. Ар мазае пщIондэ зэхуэтхьэсынущ.

Сэ си гуапэ мэхъу мы щIалэхэр федеральнэ, хэгъэгу, щIыналъэ къулыкъущIапIэхэм, компание инхэм зэрыщылажьэр. Иджыблагъэ уIэгъэ хъуа сэлэтхэм я узыншагъэр щызэфIагъэувэж центрым сыщыIащ, я Iэхэр, я лъакъуэхэр япымыту щIэлъщ щIалэхэр, ауэ я нэхэр мэлыд. Ахэр хуейщ дяпэкIи лэжьэну. Абыхэм ядэIэпыкъун хуей къудейуэ аращ.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: