Зыхуагъэувыжа пIалъэхэм намыгъэсу

Дызэрыт илъэсым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэхэм псори зэхэту километр 84-рэ зи кIыхьагъ автомобиль гъуэгухэр щыIэ мардэм кърагъэтIэсыжынущ. Лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкIынущ «ГъащIэм папщIэ инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи абыхэм трагъэкIуэдэну мылъкур щIыналъэм и гъуэгу фондым къыхэкIынущ.

Гъуэгум елэжьхэм гупсысэ зыхэлъу яубзыхуа лэжьыгъэхэмрэ абыхэм пэрагъыхьэну IуэхущIапIэхэр къызэрыхах зэхьэзэзэхуэр и чэзум зэрырагъэкIуэкIамрэ я фIыгъэкIэ ухуакIуэхэм Iэмал ягъуэтащ къапэщылъ IэнатIэм нэхъапэIуэкIэ зыхуагъэхьэзырыну. Абыхэм хохьэ лэжьыгъэшхуэхэр иджыпсту щрагъэкIуэкI Шэджэм ЕтIуанэмрэ Булунгу къуажэмрэ зэпызыщIэ, псори зэхэту километр 25-рэ и кIыхьагъ автомобиль гъуэгумрэ абы щхьэпрыдза лъэмыжибгъумрэ.

Апхуэдэуи къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщыж Май къалэмрэ Урожайнэ къуажэмрэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум хуэзэу Тэрч псым телъ, метри 162-рэ зи кIыхьагъ лъэмыжри.

Дызэрыт илъэсым и гъатхэпэ мазэм гъуэгу лэжьыгъэхэм щрагъэжьащ республикэм и щIыналъэхэм я нэгъуэщI щIыпIи 7-ми. Абыхэм дамыгъэхэмрэ хъыбар уэзыгъащIэ пхъэбгъухэмрэ пIалъэкIэ щагъэуващ, жыгыжьхэр, къуацэжьхэр къыщраупщIыкI, щаухъуэнщI. Псалъэм къыдэкIуэу, апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI Малкэ, Шытхьэлэ, Александровскэ, Ташлы-Тала къуажэхэм, Прохладнэ къалэм, Зэрэгъыжрэ Псыгуэнсурэ зэпызыщIэ автомобиль гъуэгум, Дей, Курп Ищхъэрэ къуажэхэм я гъуэгур, Осетие Ищхъэрэ – Аланием и гъунапкъэм нэсыху.

Абыхэм нэмыщI Тэрч щIыналъэм и Дей къуажэм ЩауэцIыкIум и цIэр зезыхьэ и уэрамыр къызыхуэтыншэу къызэрагъэпэщыж. Мыбдежым гъуэгужьым и щхьэфэр щытратхъунщIыкIри абы и лъабжьэр ягъэбыдащ, зэ ирикIуэгъуэу асфальтыщIэ тралъхьащ, мывэхэмкIэ кърагъэтIылъэкIащ, пкъохэр щагъэуващ.

Налшык къалэми КIыщокъуэм, Головком, Нэгумэм, Щорсым я цIэкIэ щыIэ уэрамхэм, Кэнжэ и Каменскэ уэрамым гъуэгу лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI: инженер коммуникацэхэр щызэрахъуэкI, асфальтыжьыр щытратхъунщIыкI.

Нэгъабэ хуэдэуи мы гъэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр щагъэзэщIэну пIалъэхэм намыгъэсу гъуэгу лэжьыгъэхэр дызэрыт илъэсым икIэхэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIын мурад щыIэщ, иужькIэ абыхэм ягъуэтыну фIагъым зэран яхуэмыхъуу.

ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться: