Фэеплъымрэ цIыхугъэмрэ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ тхыдэ щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ. «Фэеплъ жыг хадэхэр» зи фIэщыгъэ дунейпсо Iуэхугъуэр теухуащ зауэ зэхуэмыдэхэм хэкIуэда ди цIыхухэм я фэеплъу жыгыщIэхэр гъэтIысыным, зэуапIэм икIуэдахэм я лIыгъэр уахътыншэ щIыным, апхуэдэ хадэхэр цIыху кIуапIэ щIыным.
Апхуэдэу Iуэхугъуэ дахэм ипкъ иткIэ зэуэ жыг мелуан 27-рэ гъэтIысыныр пэхуэщIэм зыхуигъэувыж къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ. Жэрдэм щIагъуэр даIыгъащ цIыху мелуанищрэ ныкъуэм нэблагъэм. Абыхэм яхэтащ зи ныбжь хэкIуэтахэри, зи къару илъыгъуэхэри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэс щIалэгъуалэри, курыт еджапIэм кIуэ ныбжьыщIэхэри.
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, пэхуэщIэм къалэн зыбжанэ зыхуегъэувыж, зыр адрейм пэщIэпхынкIэ Iэмал имыIэу. «ЦIыхур зытет дунейм пщIэ хуищIу, абы хуэсакъыу, къыхихам хуэдиз хилъхьэжын зэрыхуейм хуегъэсэныр пщэрылъщ. Я нэхъ мащIэу дэ тхузэфIэкIынур жыгыщIэхэр гъэтIысыныр аращи, апхуэдэ гукъыдэж ди цIыхухэм зыщагъуэтыжрэ къытхыхьэтэмэ, ди гуращэхэр къыдэхъулIэнт. Ди щIыналъэр щхъуантIагъэкIэ бейщ. Ауэ иужьрей илъэсхэм ираупщIыкI жыгхэм я бжыгъэм хэхъуащ, къыщIагъэщ щIыгум ухуэныгъэхэр тращIыхьын, нэгузыужьыпIэхэр щащIын папщIэ. ЦIыхур Iуву зэхэтIысхьэ, зыдэс къалэхэм зыщаубгъу, лэжьапIэ IэнатIэхэр зы щIыпIэм щызэгъэуIуа щыхъу лъэхъэнэщ дыщыпсэури, абы упэувыну гугъущ, ауэ дэ тхузэфIэкIынущ ди губгъуэ пхыдзахэм, жьэгъу лъапэхэм, псыхъуэ ныджэхэм, бгы куэщI лъахъшэхэм, мэз Iэбгъуэхэм жыгыщIэхэр щыдгъэтIысу лъабжьэ едгъэдзын. ЩIыуэпсым езым зыкъигъэщIэрэщIэжыну къару Тхьэм къритащи, лъабжьэ ищIу къэгъагъэхэр къыдидза нэужь, езыр-езыру къэкIыгъэхэм запхъыжынущ, арыххэуи, бэгъуэнущ. Жьэдэтшэ хьэуам и къабзагъыр хъумэнымкIэ къару нэхъыбэ зиIэр жыгыр ару зэрыщытыр цIыхум и гупсысэм хэлъын хуейщ, абы щыгъупщэ хъунукъым къэкIыгъэр дызытет щIы хъурейм и къэрэгъулу зэрыщытыр, цIыхум и щыIэныгъэм ифI къызэрекIыр. Ди къалэнхэм хохьэ цIыхухэмрэ щIыуэпсымрэ я зэхуакум дэлъ зэпыщIэныгъэхэр нэхъ быдэ щIыныр, къуэпс нэрымылъагъукIэ зэпха дунейм и гупэр хуэгъэзэныр. Абы къищынэмыщIауэ, нэгъуэщI зы Iуэхугъуи зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым. Жыг гъэтIысыныр къыщIыхэтлъхьа пэхуэщIэр ТекIуэныгъэр къытхуэзыхьа ди нэхъыжьхэм я фэеплъыр хъумэным хуэунэтIащ. Мы гъэм ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 ирокъу. ЦIыхущIэ дунейм къытехьэмэ, жыг зэрыхуагъэтIысу щытам хуэдэу, дэри Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм я фэеплъу, ахэр ди гъащIэм хэмыкIыу зэрыхэтым и щыхьэту щIыналъэм и жыг хадэхэм зыдогъэубгъу. ЩхъуантIагъэр – мамырыгъэм и дамыгъэщ. ТекIуэныгъэм щхъуантIагъэм хуэдэу щыптIэгъэн фащэ дэнэ къикIын?!» – жаIэ жэрдэмщIакIуэхэм.
«Фэеплъ жыг хадэхэр» пэхуэщIэр Къэбэрдейм и щIыпIи 110-м щекIуэкIынущ. Абыхэм ящыщу 61-р мэз лъахэхэм, 49-р къуажэхэмрэ къалэхэмрэ я Iэхэлъахэм къриубыдэнущ. Псори зэхэту гектариплI хуэдиз хъу губгъуэшхуэм щагъэтIысынущ жыгыщIэ мини 3,6-рэ хуэдиз. Налшык къалэм дэт ТекIуэныгъэм и жыг хадэм жыгыщIэ 400-м щIигъу щагъэтIысынущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, псори зэгъусэу ди къэралми хамэ щIыпIэхэми жыгыщIэ мелуан 27-рэ щагъэтIысыну я гугъэщ.
«Ди щIыналъэм и цIыхухэр зыхэтыну пэхуэщIэм хьэлэмэту зы Iуэху хэтщ. Ар жыгей плъыжьым и жыгыщIэ цIыкIур зэрыдгъэтIысынурщ. Кавказ Ищхъэрэм жыг зэмылIэужьыгъуэ Iэджэ къыщыхъуми, жыгей плъыжьым щIыпIэ куэд дыдэм ущрихьэлIэркъым. Абы йозэгъ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсыр, нэхъыбэу ущрихьэлIэнури ди щIыналъэращ. Жыгей плъыжьыр къыдекIуэкI жыг лъэпкъыгъуэхэм яхозагъэ, и ягъэ яригъэкIыркъым, езыми лей къылъысыркъым. Илъэс зыбжанэ фIэкIа хуейкъым мы жыг лIэужьыгъуэм пкъы ищIу щхьэкIэ игъуэтын щхьэкIэ. ЖыIэн хуейщ, илъэсым къриубыдэу жыгым сантиметритI-щы хигъахъуэу зэрыкIыр. Жыгыр гуащIафIэщ, удыныщIэгъуафIэкъым, зыгъэгусэрейуэ щыткъым. ПсыIагъэ фIэфIщи, гъэмахуэ шылэм ар щыкI щIыпIэм щIыIэтыIэу щытынущ. Абы къищынэмыщIауэ, цIыхум и ягъэ иригъэкIыу хьэуам хэлъ пкъыгъуэхэр зыщIешэ, езыр тхьэмпэбэщи, жьауэшхуэ едз. Нэхъыщхьэращи, узыфэхэм ящышынэркъым, хьэпIацIэ зэмылIэужьыгъуэхэри зыхищIэркъым», – къыхагъэщ жыгым и пIалъэм фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэм.
Зы жыгыр – ар зы тхыдэщ, зы гъащIэщ. Къуэ къызыхэхъуа адыгэ унагъуэм жыг игъэтIысу хабзэ щыIэщ, пщэдейрей махуэхэм гугъэ зэрыхуищIыр, я къуэпсри мыгъужу игъащIэм зэрыщыIэнум фIэщхъуныгъэ хуаIэу. Арыххэуи, жэрдэмщIакIуэхэм къыхалъхьэ гукъэкI дахэр къэкIуэну зэманхэм поджэж, дыкъэзыухъуреихь дунейми щIэщыгъуагърэ щхьэпагърэ хэзылъхьэ гупсысэщ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: