Дыщэ медалыр я куэду къагъэзэжУрысей Федерацэм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Орел къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 61-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 1224-рэ, я ныбжькIэ илъэс 14 - 20-хэм къриубыдэу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм гуп зэпеуэм еплIанэ увыпIэр къыщихьащ, ауэ дыщэ медалхэм я куэдагъымкIэ япэ хъуащ.
Я хьэлъагъхэмрэ я ныбжьхэмрэ елъытауэ зыхэта гупхэм щытекIуахэщ Истэпан Алим (кг 85-рэ), Къармокъуэ Руслан (кг 72-рэ), ЩоджэнцIыкIу Андемыр (кг 76-рэ), Переяслов Валерэ (кг 68-рэ), Хабаевэ Камиллэ (кг 60), Бэлэтокъуэ Жамболэт (кг 68-рэ), КъарэцIыкIу Алий (кг 48-рэ), Федоренкэ Владислав (кг 65-рэ), Урусбиев Елдар (кг 85-рэ), Темукуев Ахъмэт (кг 80). Мамаев Рэмэзан (кг 65-рэ), Уянов Ахъмэт (кг 55-рэ), Гижгиев Эльхъан (кг 60) сымэ.
Ди командэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ Сэбаншы Мурат, Шахмурзаев Щыхьмырзэ, КIэш Даут, ДыщэкI Мухьэмэд, Мэкъуауэ Алан, ХъуэкIуэн Амырхъан, Жантудуев Азэмэт, Щоджэн Руслан, Этезов Владимир сымэ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2026 - 14:44 →
КъэралитIым зыкъыщагъэлъагъуэ
06.05.2026 - 15:59 →
Спорт хъыбархэр
05.05.2026 - 10:01 →
Налшык къалэ и хьэщIэщхэр
05.05.2026 - 09:58 →
Къыпэхъун куэд щыIэкъым
05.05.2026 - 09:00 →
ЛIыхъужьым и фэеплъу
| ||




