Яхэтащ Европэр хуит къэзыщIыжахэм

Мыбы егъэлеиныгъэ гуэри хэлъкъым: лъабжьэ псори си­Iэу ар хужысIэ хъунущ мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыну цIыхум. Ауэ псори зэры­зэ­кIэ­лъыкIуэм хуэдэу.

Музэфар 1914 гъэм Псыхъурей къуажэм къыщалъхуами, и гъащIэм и нэхъыбэр зэпхауэ щытар Кубащ. Абы и дзэ ко­миссариатым ириджэри, 1941 гъэм зауэм кIуащ икIи занщIэу мафIэм хэхуащ - ар хэтащ зэхэуэ гуащIэхэм икIи лIыгъэ къыщигъэлъэгъуащ
1943 гъэм фокIадэм и 23-м Уэщхъуным къыхуагъэфэщащ Вагъуэ Плъыжь орденыр. Ауэ ар и етIуанэ дамыгъэт: щIа­-  лэм и бгъэм хэлът «Сталинград зэрихъумам папщIэ» медалыр. А къалэ ЛIыхъужьым щекIуэ­-кIа зауэзэрылIыр дунейпсо тхы­дэм хэхуащ. Хэку зауэшхуэм и екIуэкIыкIэр къызэзыгъэдзэ­кIауэ икIи ар къыпхуэмылъы­-тэн хуэдизу гуащIэу зэрыщы­там тхыгъэ, тхылъ, фильм куэд траухуащи, аргуэру дыте­мы­псэлъыхьми хъунущ. АтIэ ап­хуэдэ лыгъэм къыхэжаныкIахэм ящыщщ Уэщхъуэныр.
1944 гъэм и жэпуэгъуэм а дамыгъэхэр щы хъуащ - СССР-м  и гъунапкъэм щекIуэкIа зауэ­хэм щхьэмыгъазэу зэрызы­къыщигъэлъэгъуам къыхэкIыу Музэфар къратащ «ЛIыгъэ зэ­рызэрихьам папщIэ» медалыр.
Куэдым къалъытэ 1945 гъэр ди зауэлIхэм я дежкIэ нэхъ тыншу щытауэ. Ар къызыхэкIыр гурыIуэгъуэщ: фашист Германиер зэрыхагъэщIэнур белджылы хъуат, зэрыпхъуакIуэ­-хэр икIуэтырт. Пэжщ, 1941 гъэми, нэхъ хьэлъэжу щыта 1942 гъэми ебгъапщэ хъунукъым, арщхьэкIэ ди дзэхэм кIуэ пэт­-ми нэхъри ерыщу къыпэщIэувэрт уIэгъэ хъуа хьэкIэкхъуэ­кIэр. Ди щIалэхэм къапэщытт Европэр Гитлер и бжьым къы­щIагъэкIыжыным хуэдэ къа­-лэн гугъур. Ар апхуэдэу зэры­щытым щыхьэт тохъуэ Поль­шэр хуит къэщIыжын къудейм ди зауэлI мин 600-м (!) я гъащIэр зэрыхалъхьар. Ауэ Уэщ­хъуэныр Тхьэм къихъумащ. Ар апхуэдэу псэууэ къыхэкIащ Австрием и къалащхьэ Венэ хуит къэщIыжыным теухуа зэхэуэми. ИужькIэ яхэтащ Ещанэ рейхым и гъуэ Берлин къэзыщтахэм, Прагэ дыхьахэм. Мыбы уогупсыс европей щыхьэрхэр нацистхэм къызэрыIэщIагъэ­кIы­жам папщIэ ягъэува медали 6-м ящыщу плIыр къэ­зы­лэжьа Уэщхъун Музэфар езы Европэ псом и къегъэлакIухэм ящыщу къэтлъытэн хуейщ, абы и текIуэныгъэхэм яжь, шэч хэ­мылъу, зауэм и нэгъуэщI IэнатIэхэми зэращIихуам къы­хэ­кIыу.
Мис апхуэдэу лIыхъужьу Хэку зауэшхуэм хэтащ Уэщхъун Му­зэфар. Абы игъэхъахэм, мы­зэ-мытIэу уIэгъэ зэрыхъуам теу­хуауэ сэ нэхъыбэ фхуэсIуэтэну сыхуейт, сщIэуэ щытамэ. Ар­щхьэкIэ, илъэс зыкъомкIэ махуэ къэс сыхуэзэу икIи си гъу­нэгъуу щытами, абы езым зауэм щигъэхъахэм теухуауэ ­зыгуэр къиIуэтэжу е нэгъуэ­щIым жриIэу срихьэлIакъым, ар абы къилъытэу къыщIэкIынут адыгэлIым къемызэгъыу.
ИужькIэ зэфIигъэкIахэм нэхъ сыщыгъуазэщ. ГъэщIэгъуэнщ, ауэ дэ ТекIуэныгъэр къытхуэ­зыхьахэм я гугъу щытщIкIэ сыт щыгъуи нэхъ къыхэдгъэщыр а цIыхум зауэм щызэрихьа лIыгъэрщ, абы зэхэфыщIа къэ­ралым мамыр гъащIэр щы­зэфIэгъэувэжыным хуищIа хэлъ­хьэныгъэр яужь къыдо­гъанэ. АрщхьэкIэ абы и мы­хьэ­нэри цIыкIукъым.
Зауэм ипэкIэ техникум къэ­зыухыу егъэджакIуэу лажьэу ираджа Уэщхъуныр къызэригъэзэжу ягъэуващ Къулъкъу­жын Ипщэ школым и унафэщIу. А лэжьыгъэр зэпэщу зэ­рырихьэкIам и щыхьэтщ 1948 гъэм Куба райисполкомым цIыху­хэм щIэныгъэ егъэгъуэ­тынымкIэ и къудамэм и Iэтащхьэм и къулыкъур къызэры­хуагъэфэщар. Фронтым Iуту 1944 гъэм ВКП (б)-м хыхьа Му­зэфар зыкъигъэлъэгъуат Iуэхур зыунэтIыф, жыджэрагъ ин зыхэлъ коммунисту, и щIэныгъэми институтым щыхигъэ­хъуат. Абы а къулыкъур зэрихьащ 1956 гъэм и мазаер къэсыху. Ар пIалъэшхуэщ, зрихьэлIа зэман мытыншыр, зэ­блэкIыгъуэр, къэплъытэмэ.
Уэщхъуныр жэщ-махуэ жимыIэу икIи гукIи псэкIи етауэ и лэжьыгъэм бгъэдэтт. Ауэ и хьэлыр зэран къыхуэхъурт. Жьэ­нахуэIуэт, абы къилъытэрт коммунистыр сыт и лъэны­къуэкIи щапхъэу щытын хуейуэ. Музэфар пхъашэу къы­щып­салъэрт партым и райкомым и зэхыхьэхэми, нэгъуэщI зэ­хуэсхэми. Псом япэ иригъэщри езым зыдилъэгъуа ныкъусаныгъэхэрт. АтIэ зыщы­мыс­хьыж цIыхум нэгъуэщIхэм ­яхуишэчынт щыщIэныгъэхэр? Зэгуэр псалъэмакъышхуэ къикIауэ щытащ къулыкъухэм щагъэувкIэ нэфI-ней, благъагъэ зэрызэрахьэм теухуауэ жиIахэм. Хэбгъэзыхьмэ, КПСС-м и обкомми нэсат ар. АпщIондэхукIэ зи жагъуэ ищIхэм я бжыгъэм къахэхъуэрт, абыхэми дзэ яIутт, языныкъуэхэм я деж нэхъ жану. Зы школым и унафэщIыр яхэтащ хъыджэбзыр унэидзы­хьэу езыхьэжьахэм, адрейм ­балигъ мыхъуа пщащэм нэчыхь щыхуригъэтхащ мэжджытым. Хэт къуаншэр? Дауи, РОНО-м и Iэтащхьэрщ. НэгъуэщI дагъуэ­хэри къыхуащIащ. ТемыкIыу ­хъунутэкъым…
1956 гъэм щегъэжьауэ 1963 гъэм нэсыху егъэджакIуэ къы­зэрыгуэкIыу лэжьауэ Музэфар а илъэс дыдэм Куба и пщы­хьэщхьэ школым и унафэщIу ягъэуващ, а лэжьыгъэми пэрытащ псэухукIэ.
И щхьэгъусэ Наушэ (Женэу ятхырт) Куба щыпсэу Къал­мыкъхэ япхъут, егъэджакIуэт. А тIур зауэм щIидзэн ипэкIэ зэ­рышащ икIи зэгурыIуэрэ зэ­дэIуэжу зэдэпсэуащ. 1916 гъэм къалъхуа ари ящыщт зи балигъ хъугъуэр зэман хьэлъэм хиу­быдахэм. Нэхъыжьхэм я гъусэу губгъуэм итащ жэщ-махуэ ­жимыIэу, нэмыцэхэр дахужа иужь школым щригъэджащ, а псоми пэкIуэу къыхуагъэфэщащ «1941 - 1945 гъэхэм екIуэ­кIа Хэку зауэшхуэм фIы дыдэу зэрылэжьам папщIэ» медалыр. Ауэ абы къыщыувыIакъым: сабийхэм щIэныгъэ егъэ­гъуэтыным, ахэр гъэсэным я IэнатIэм къыщихьа ехъулIэ­ныгъэхэм къыхэкIыу 1967 гъэм къыфIащащ «КъБАССР-м и школым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ» цIэ лъапIэр.
Музэфаррэ Наушэрэ быни 4 зэдапIащ, псоми щIэныгъэ нэхъыщхьэ ирагъэгъуэтащ: нэхъыжь Борис (псэужкъым, Тхьэм ахърэт нэхур кърит) ­КъБКъУ-м и тхыдэ къудамэр къиухащ, къыкIэлыкIуэ Му­хьэ­мэд инженер-механикыу колхозым щылэжьащ, МуIэед щIэ­ныгъэм и лъагапIэхэм нэсащ: сабий акъылыфIэхэм я физико-математикэ школ хэхауэ МГУ-м и деж щыIэм иужькIэ Москва и физико-техникэ институтри, абы и аспирантурэри къызэринэкIащ, техникэ щIэ­ныгъэхэмкIэ докторщ, профессорщ, КъБКъУ-м илъэс куэд ­хъуауэ щрегъаджэ. Зэкъуэш­хэм я шыпхъу закъуэ Иринэ ­пIалъэ кIыхькIэ сабий садым и унафэщIу щытащ, иджы пенсэм щысщ. Абыхэми, я уна­гъуэхэми тхыгъэ щхьэхуэхэр яхуэфащэщ.
Езы Музэфар сыт хуэдэ зэманми пщIэшхуэ иIэу къе­кIуэ­кIащ. ЩIэблэр гъэсэным, абы­хэм хьэл-щэныфIхэр яхэлъ­хьэным и къару псори ирахьэлIащ. Псом хуэмыдэу зэщ­хьэгъусэхэр елIэлIащ зэры­рагъаджэ анэдэлъхубзэмрэ ­литературэмрэ хуащI гулъы­тэр къэIэтыным. Газетхэм тхэуэ щытащ. И зы тхыгъэм - Къулъкъужын Ипщэм и школакIуэхэр колхозым зэщIэгъэуIуауэ зэ­ры­дэIэпыкъум теухуам, КПСС-м и обкомым и бюром щытеп­сэ­лъыхьауэ щытащ.
Мыбы щIызгъужынут сигу къэкIыж гуэр. ИпэкIэ къызэ­ры­щыхэзгъэщащи, си гъунэгъут, псом хуэмыдэу МуIэед сри­ныбжьэгъут икIи си классэгъути, зэман щызгъакIуэу сэ куэд­рэ сихьэрт я унагъуэм. Абы япэу щыслъэгъуауэ щытащ «Ленин гъуэгу» газетыр. Нэхъ сыкъы­дэкIуэтея иужь къэсщIащ сэри си тхыгъэ абы къытрезгъадзэ зэрыхъунур. Ар си дежкIэ щIэ­дзапIэт.
Езы Музэфар куэдрэ псэуа­къым. Абы къыщIыхьэжауэ къыщIэкIынущ Сталинград ­щихъумэм, Европэр хуит къыщищIыжым ишэча гугъуехь­хэмрэ игъуэта фэбжьхэмрэ. 1977 гъэм ар зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ.

 

Шал Мухьэмэд.
Поделиться: