Накъыгъэм и 17, щэбэт
Электросвязымрэ хъыбарегъащIэ зэгухьэныгъэмрэ я дунейпсо махуэщ
Лъы дэуей узыфэм ебэныным и дунейпсо махуэщ
Пульмонологым и махуэщ
1848 гъэм къалъхуащ Адыгейм щыщ тхыдэдж, узэщIакIуэ Хьэджымыкъуэ Темтэч.
1917 гъэм къалъхуащ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и утыкур илъэс куэдкIэ зыгъэбжьыфIа, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артисткэ ДыщэкI КIунэ.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 11 - 13, жэщым градуси 7 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Нобэ пщIа Iуэхур зыгуэрым пхуищIа хуэдэщ.
Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.