НОБЭ

Накъыгъэм и 29, махуэку

ООН-м и мамырщIэкъу къарухэм я дунейпсо махуэщ
Дзэ автомобилистым и махуэщ
1929 гъэм
къалъхуащ литературэдж, критик цIэрыIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъШКъУ-м и профессору, ЩIДАА-м и вице-президенту, Къэрэшей-Шэрджэсым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIу щыта Бэчыжь Лейлэ.
1964 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, хэхэс адыгэхэм я литературэр джыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа Абдокъуэ Маринэ.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, республикэм пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ Хуабэр махуэм градус 23 - 24-рэ, жэщым градус 16 - 17 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Нэгур гум и гъуджэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

15.12.2025 - 11:11 НОБЭ
12.12.2025 - 16:00 НОБЭ
12.12.2025 - 12:00 «Лъэбыцэжь» и махуэ
11.12.2025 - 09:00 НОБЭ
10.12.2025 - 11:11 НОБЭ