IутIыжым и цIэкIэ ягъэува саугъэтхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым щагъэлъэпIащ адыгэ пьесэ нэхъыфI зыт­хахэм я зэпеуэм щытекIуахэр. Ар къы­зэригъэпэщащ IутIыж Борис и цIэр зезыхьэ фондым.

КъэпщытакIуэ гупым хэтахэу Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэ­бэрдей къэрал драмэ театрым и режиссёр нэхъыщхьэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Шыбзыхъуэ Басир, радиожурналист, зэ­дзэкIакIуэ Мэремкъул Ларисэ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Тау Ритэ сымэ зэхьэзэхуэм кърикIуахэр зэ­халъхьэжащ. Абыхэм я псалъэм къыхагъэщащ илъэс зытIущ ипэкIэ ирагъэжьа мы Iуэху дахэм драматург цIэрыIуэхэри ­нэхъ щIалэIуэхэри я зэфIэкI зэрыщеплъыжым, илъэс къэс абы нэхъыбэ къы­зэрыхыхьэм зэрыригушхуэр. Зэпеуэм ­къагъэхьа лэжьыгъэхэм щыхэплъэм, нэхъыбэу зытрагъэщIар адыгэ театрым и утыкум щыбгъэув хъуну, анэдэлъхубзэм зезыгъэужьыну къалъытэ лэжьыгъэхэрщ. Зэхьэзэхуэм дяпэкIи зиубгъуну, лъэпкъ ­театрым и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIыну драматург нэхъыбэ Iуэхум къыхыхьэну зэрагуапэри щIа­гъужащ лэжьыгъэхэр къэзыпщытахэм. 
Пьесэ нэхъыфI зи Iэдакъэ къыщIэкIахэм я цIэ къраIуащ, ахъшэ саугъэтхэри иратащ. Япэ увыпIэр хуагъэфэщащ «Нур» сабий журналым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Аброкъуэ Бэллэ («Адыгэбзэр дэнэ щыIэ?»). ЕтIуанэ хъуащ Къэбэрдей-Балъкъэр радиом и адыгэ редакцэм и редактор нэхъыщхьэ Тэтрокъуэ Астемыр («Ма­зэм къикIа мэлыхъуэ»). Ещанэр иратащ журналист, прозаик, драматург Лы­къуэжь Залинэ («Нанэ и пхъуантэжьым и хъыбар»). 
IутIыж Борис ипхъу нэхъыщIэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Лалуцэ жиIащ зэрыцIыкIурэ фIыуэ ялъагъу, я ­кIуапIэ театрым, драматургием хэлъ­хьэныгъэ хуэзыщIхэм зыгуэркIэ ядэIэпыкъуфмэ зэрагуапэр, бзэм, щэнхабзэм, ­театрым я зыужьыныгъэм хуэлажьэхэм гулъытэ ягъуэтын зэрыхуейр.
- Зэхьэзэхуэр къызэзыгъэпэщахэми ар къывдэзыIыгъхэми фIыщIэ фхузощI. Iу­тIыж Борис диIэм я нэхъыфIхэм ящыщу щытащ. ПсэухукIэ фIыуэ слъэгъуащ, иджыри зыщыдгъэгъупщэркъым. Бзэр хъумэныр и уэсяту дунейм ехыжащ. Абы хуэфэщэн дэтхэнэри Тхьэм дищI, - жиIащ Аброкъуэ Бэллэ.
Тэтрокъуэ Астемыррэ Лыкъуэжь Залинэри псалъэ гуапэхэр хужаIащ илъэсищэм зэ къалъху цIыху телъыджэхэм, ­гуапэхэм ящыщ IутIыж Борис и цIэкIэ зэпеуэр къыхэзылъхьахэм.
 

Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: