Шэрэдж Ищхъэрэ щыщ чемпион

ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэ­кIащ Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм я кубокыр къэхьыным ехьэ­лIауэ бэнэкIэ хуитымкIэ зэпеуэ ин. Кавказ Ищхъэрэм и спортсмен ныбжьыщIэхэм къи­щынэмыщIауэ, абы кърихьэлIат Армениемрэ Осетие Ипщэмрэ къикIахэри. Псори зэхэту цIыху 200-м щIигъу. 

Зэхьэзэхуэм и хьэщIэ лъапIэхэт Урысейм спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастерхэу Олимп джэгухэм я чемпион Гайдарбеков Гайдарбекрэ Европэм тхуэнейрэ щытекIуа, Дунейпсо кубокыр къэзыхьа Курамагомедов Курамагомедрэ. Абыхэм я тезыгъэгушхуэ псалъэхэм едэIуа иужькIэ щIалэхэм бэнэныгъэ гуащIэхэр ирагъэкIуэкIащ. 
Килограмм 46-м нэс зи хьэ­лъагъхэм я деж бжьыпэр щиу­быдащ Аруан районым хыхьэ Шэрэдж Ищхъэрэ къуажэм щыщ Тен Мухьэмэд. Абы и хьэрхуэрэгъу псори хигъэщIащ икIи хуэфащэ дыдэу дыщэ медалымрэ чемпион бгырыпхымрэ зыIэригъэхьащ. 
Мухьэмэд бэнэкIэ хуитымкIэ зэрызигъасэрэ илъэситхум нэб­лэгъауэ аращ. А зэманым къриу­быдэу медалу 12 къи­хьащ, 7-р дыщэу. Абы и ехъу­лIэ­ныгъэхэр дегуэш и гъэсакIуэ гумызагъэ, Нарткъалэ дэт спорт школым и тренер Iэзэ Пщы­быхь Алим. Шэч къытетхьэркъым дяпэкIи и текIуэныгъэ­хэмкIэ дызэригъэгуфIэнум.

Хьэтау Ислъам.
Поделиться:

Читать также: