ЩIалэгъуалэр щыджэгуну утыку

ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм къыщызэрагъэпэщынущ щIалэгъуалэр къыщыфэну утыку, «Къалэхэр ущыпсэуну тынш щIын» программэм хыхьэу.

ЗэрытщIэщи, гъэм и сыт хуэдэ зэманми ХьэтIохъущокъуэм и хадэм къалэдэсхэм я мызакъуэу, щIыналъэм и хьэщIэхэри къокIуэ, абы щэнхабзэ зэхыхьэхэр, концертхэр, махуэшхуэхэр къыщызэрагъэпэщ.

Иужьрей илъэсхэм абы и ихьэпIэм деж щызэхашэ хъуащ «Адыгэ джэгу», иджырей къафэхэмкIэ флешмобхэр къызэщIиубыдэу. УзэIэбэкIыжмэ, къафэр фIыуэ зылъагъухэм, абы зыхуэзыгъасэхэм папщIэ джэгухэр Абхъазым и утыкум, нэгъуэщI щIыпIэхэм щекIуэкIыу щытащ. Иджыпсту апхуэдэ щыIэжкъым. Аращ ХьэтIохъущокъуэм и жыг хадэм къафэхэм я утыку щаухуэным теухуа Iуэху дахэр къыщIыхалъхьам и щхьэусыгъуэр.

Зэраубзыхуам тету утыкур асфальт ящIынущ, абы узэрыхуэкIуэ лъэс лъагъуэ цIыкIухэр граниткIэ къращIыкIынущ, ягъэнэхунущ, тетIысхьэпIэхэр щагъэувынущ. Ар фильм ущеплъынми, нэгъуэщI зэхыхьэхэр щрагъэкIуэкIынми хуэщIауэ къызэрагъэпэщынущ. Абы и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэр зэрыцIыхунущ, ныбжьэгъу зэхуэхъунущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: