ХуэдиткIэ нэхъыбэу![]() 2019-2014 гъэхэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш IэнатIэм и продукцэу хамэ къэралхэм хурагъэшам и куэдагъым хуэди 2,7-кIэ хэхъуащ. Къэдгъэлъэгъуэнщи, ди республикэм экспорт игъакIуэм хохьэ жылапхъэр, IэфIыкIэр, фадэмрэ псыхэкIымрэ, спиртыр, нартыху крахмалыр, Iусыпхъэхэр, нэкулъ лIэужьыгъуэхэр, лыхэкIхэр, хадэхэкI консервыр, нарзаныпсыр, нэгъуэщIхэри. КъБР-м и мэкъумэш продукцэр зыщэху къэралхэр 20-м ноблагъэ нобэкIэ. Абыхэм яхэтщ ди гъунэгъу щIыналъэхэри щIыпIэ жыжьэхэм щыIэхэри. МэкъумэшыщIэхэм я мурадщ экспорт ягъакIуэ продукцэхэм я куэдагъымрэ лIэужьыгъуэхэмрэ адэкIи хагъэхъуэну, къэрал нэхъыби къызэщIаубыдэну. Къэбэрдей-Балъкъэрым Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм щыжаIащ, ди щIыналъэм къыщыщIагъэкI продукцэхэм фIагъ лъагэ зэраIэр икIи абы и щыхьэтщ хамэ къэралхэм я щIэупщIэм зэрыхэхъуэ зэпытыр.
Поделиться:
Читать также:
16.11.2025 - 12:05 →
Къэбым зэхуишэсахэр
16.11.2025 - 11:03 →
ТекIуэныгъэм и паркыр
14.11.2025 - 12:24 →
КъБР-м щыхъыбархэр
14.11.2025 - 12:17 →
И фIагъым щыхьэт техъуэу
14.11.2025 - 12:11 →
ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр
| ||




