ТАУ Хьэсэнбий: Мыхьэнэшхуэ зимыIэу къыпщыхъухэращ ехъулIэныгъэр къызыдэкIуэр

2004 гъэм Афины къалэм щекIуэкIа Олимп джэгухэм домбеякъ медаль къыщызыхьа, Урысей Федерацэм дзюдомкIэ и командэ нэхъыщхьэм и тренер нэхъыжь Тау Хьэсэнбий республикэм къэкIуэжауэ зэхьэзэхуэ гуэрым сыщыхуэзащ иджыблагъэ. А IэмалыфIыр къэзгъэсэбэпри, зэрыжаIэу, гъуэгурыкIуэу упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэзгъэзащ икIи гуапэу абыхэм жэуап къаритыжащи, фи пащхьэм нызолъхьэ. 

- Къэбэрдей-Балъкъэрым дзюдом фIыуэ зыщиужьащ икIи зыщеужь. Сабийхэми балигъхэми я ехъулIэныгъэхэр, дызыщыгуфIыкIынхэр ди мащIэкъым. Къапщтэмэ, Блий Iэюб иджыпсту къэралым и командэ къыхэхам хэтщ. Абы нэмыщI, УФ-м и иужьрей чемпионатым ди щIалитху хэхуащ. Апхуэдэуи, къэралым ныбжьыщIэхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я командэ къыхэхахэм хэтхэри диIэщ. 
Псори къызэщIэскъуэмэ, Гъэунэ Анзор цIыхубзхэм я командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэщ, кадет цIыхухъухэм я деж Щад Мурат, командэ нэхъыщхьэм Хьэбэчыр Муратрэ сэрэ дыщыIэщ. Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я судьяхэм я комитетым Емкъуж Мухьэмэд щытхьэмадэщ. Куэд щIакъым Бэрэздж Светэ дунейпсо категорие зиIэ судья зэрыхъурэ. УФ-м и иужьрей чемпионатым и судья нэхъыщхьэу щытар аращ, командэм и тренер нэхъыщхьэу сэ сыщыIащ.
Гулъытэр нэхъыбэмэ, дэIэпыкъуэгъухэри щыIэмэ, нэхъыбэжи тхузэфIэкIынущ. 
Утыку нобэ ипшэ хъуну, зэфIэкIыфIхэр къэзыгъэлъагъуэ дзюдоистхэр диIэ, жысIэу сыщеупщIам жиIащ, псалъэм и хьэтыркIэ, Быф Идар, Абазэ Астемыр, Байсиев Таулан, БищIо Атхъан сымэ си щхьэр занщIэу зэрыхуэкIуэр, нэгъуэщIхэм я цIэхэр къыхимыгъэщауэ щытми. «Я зэфIэкIхэм шэч къытумыхьэжыну мэлажьэ ахэр. ДзюдомкIэ спорт еджапIэм яфIэфIу сабий куэд къокIуэ. Абы и унафэщIыр си шынэхъыжь Тау Сэфарбийщи, абыхэм я Iуэху зытетым нэхъ сыщыгъуазэщ. Тхьэмахуэ къэс зэхьэзэхуэ зэхуэмыдэхэр республикэм щрагъэкIуэкI. Абы къакIуэ цIыкIухэм Мудрэн Беслъэн, Блий Iэюб сымэ я щапхъэщ, абыхэм ядоплъей, ещхь хъуну мэхъуапсэ икIи ерыщу загъасэ», - жеIэ Таум. 
Куэдрэ си гум къокIыж «СыщыцIыкIум, Щхьэлыкъуэ сыкъикIыурэ Налшык сыкъакIуэрт тренировкэхэм. Пщыхьэщхьи хъуауэ, дунейми щIыIэ зыкъищIауэ, автобусым сису сыщыкIуэжкIэ, къуажэм сыдэлъэдэжа нэужь, унэ сызыблэжхэм я щхьэгъубжэ къаблэхэм сыдэплъырт икIи абы щIэс си ныбжьэгъу цIыкIухэм сехъуапсэрт, ярэби, унэ хуабэм щIэсщ, урокхэри ящIыжри шхауэ, джэгуу зэхэс хъунщ иджы, зи нэсып», жыпIэу абыхэм уехъуапсэу зэрыщытар къызэрызжепIэжар. Уэ, абы щыгъуэм, укIуэжу, тренировкэ нэужьым, зыбгъэпскIыжын, ушхэн, дерсхэр бгъэзэщIэжын хуейуэ иджыри къыппэщылъу. АтIэ, апхуэдэ гугъуехьхэм пэщIэтыфын сабийхэр нобэ диIэмэ сщIэну сфIэигъуэт.
«Дауи, диIэщ, ауэ ар къыщыпхуэщIэнур псори зэфIэкIа нэужьщ. Сэ жыхуэсIэр, чемпион хъуарэ спортым пщIэрэ щхьэрэ щызригъэгъуэт иужькIэщ. Абыхэм унэмысу щытмэ, гъуэгуанэ къэпкIуар зыхуэдари, гугъуехьу бгъэвари зыми ищIэнукъым, яфIэгъэщIэгъуэни хъункъым. Псалъэм папщIэ, ищхьэIуэкIэ зи гугъу щысщIа Быф Идар Ислъэмей къуажэм махуэ къэс къикIыурэ зегъасэ. Ари гъуэгуанэ цIыкIукъым. ЩIалэхэри диIэщи, Тхьэм жиIэмэ, ехъулIэныгъэхэри диIэнущ», - къыхигъэщащ си псалъэгъум. 
СфIэхьэлъэмэт хъуат езы Хьэсэнбий и спорт гъащIэм къриубыдэу зэбэнахэм ящыщу хэт нэхъ лъэщ дыдэу къыппэщIэхуами зэзгъэщIэну.
«Куэд хъурт ахэр, ауэ къахэзгъэщхьэхукIынут Голландием и бэнакIуэ Хузингэ Марк. Ар Олимп джэгухэм я чемпионщ икIи призерщ, европей чемпионатыр тхуэнейрэ къихьащ. ЩIалэ быдэт ар. Дапхуэдизрэ семыбэнами, зэ закъуэ сытекIуэфауэ аращ абы, адрейхэр псори сфIихьащ», - жеIэ Хьэсэнбий.
- Спортым ехъулIэныгъэ ущиIэныр куэдым епхащ: гугъуехьым, укъэзыухъуреихьхэм, уи щIыбагъ къыдэтхэм, нэгъуэщI-къинэмыщIхэм. Уи зэфIэкIхэмкIэ уи хьэрхуэрэгъухэм нэхърэ зы щхьэкIэ умынэхъ лъагэу щытмэ, гугъущ зыгуэрхэр къэпхьыну. Ауэ, насып гуэри хэлъын хуейщ абы. Зэныкъуэкъур щыкуэдым деж, уи насыпыр къызэрекIэрэхъуэкIынур зыми ищIэркъым. 
Къэралым и командэ къыхэхам хэтхэм яжызоIэ: фэ цIыхуищэм фыщIегъу, зэхуэдэуи фогугъу, влэжьри зыщ. АтIэ, абы нэмыщI, иджыри лейуэ зывмыгъасэу щытмэ, жыжьэ фынэсынукъым. Абы хохьэ спортсмен лъэщхэр зэрыбанэм теухуауэ щыIэ видеохэм еплъыныр, дзюдом теухуа тхылъхэм еджэныр, щIэ гуэрхэр къэщIэныр, спортым къигъэув мардэхэр Iыгъыныр, нэгъуэщIхэри. 
Ахэр псори цIыкIуфэкIуу къыпщыхъу щхьэкIэ, мис а мыхьэнэшхуэ зимыIэу къыпщыхъухэращ ехъулIэныгъэр къызыдэкIуэр. Ахэр псори зэхэплъхьэжу щытмэ, купщIэшхуэ яIэ мэхъу. Мыдрейуэ, мыхьэнэшхуэ зиIэр – ар армырами догъэзащIэ: махуэ къэс зыдогъасэ. 
 Си зэманым щыгъуэ, псом япэ сыкъакIуэрти, псом яужь сыщIэкIыжырт залым. Тренировкэ сщIам ищIыIужкIэ, сыкъанэрти, сылажьэрт иджыри. Уеблэмэ, ярэби сэ сщIэм нэхърэ нэхъыбэж зыгуэрым ищIэу щытмэ, абы и щхьэр тэмэм дыдэу къыщIэкIынкъым, щызыхужысIэжи къэхъуу. Нэхъыбэ пщIэныр егъэлеяуэ къысщыхъурт. 
ЩIалэхэм яжызоIэ: фэ цIыхуищэм фщыщу Олимпиадэм ягъэкIуэнур блырщ, адрейхэр абыхэм фадэIэпыкъуну аращ. АтIэ, зыгуэр фыхъун мурад фиIэмэ, а цIыхуиблым захэвгъахуэ.
Къыхэзгъэщынщи, къэралым и командэ къыхэхам иужьрей илъэсхэм ехъулIэныгъэфIхэр диIэщ. Европей, дунейпсо чемпионатхэм фIыуэ зыкъыщыдгъэлъэгъуащ. Псом хуэмыдэу дунейпсо зэхьэзэхуэм дыщыбэнащ, япэм щымыIа зэфIэкIхэр къэдгъэлъагъуэу.
Ди гуапэ зэрыхъущи, абыхэм яхэтщ ди щIалэ Блий Iэюб. Абы и зэфIэкIыр дуней псом щащIэ, езыри щыцIэрыIуэщ, - жеIэ абы.
Спортым и мыхьэнэр сыт уи дежкIэ, жысIэу сыщеупщIам мыпхэдэ жэуап къызитыжащ:Гъуазджэм, щэнхабзэм цIыхухэмрэ лъэпкъхэмрэ зэрызэпащIэм, зэрызэрапхым хуэдэу, спортми къалэнышхуэ егъэзащIэ: къэрал зэпыщIэныгъэхэр, зэныбжьэгъугъэр егъэбыдэ. Аращ абы мыхьэнэ нэхъыбэ етын щIыхуейр. Я нэхъыбэм къэралхэр къызэрацIыхур я спортсменхэмкIэщ. 
ДызыщыгуфIыкIынщи, дзюдом и закъуэ мыхъуу, нэгъуэщI спорт лIэужьыгъуэхэмкIи республикэм спортсменыфI куэд иIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Ахъмэт Амир ныбжьэгъу схуэхъуху, тхэквондор зищIысыр къызгурыIуэу щытакъым. ИужькIэ къэсщIащ ар зэрыспорт дахэр, и гугъуагъкIи дзюдом зыкIи къызэрыкIэрымыхур. Иджы абыкIэ екIуэкIыну дунейпсо чемпионатым ди щIыналъэм икIыу цIыхуитI кIуэнущ: Бекъул Миланэрэ Багъ Идаррэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэу къызолъытэ ар. 
Тхэквондом къыщекIуэкI хабзэхэм сызэрыщымыгъуэзам хуэдэуи, дзюдом хэзымыщIэкIхэми къагурыIуэркъым ди бэнэкIэм и щэхухэр. Футболращ гурыIуэгъуэр: топ нэхъыбэ дэзыхур текIуауэ аращ. А псор щIыжысIэращи, спорт лIэужьыгъуэ куэдкIэ республикэр щIэгушхуэн спортсменхэр диIэщ, абыхэм ядэIэпыкъун, защIэгъэкъуэн, адэкIэ гъэкIуэтэн хуейуэ аращ. 
 «Олимп джэгухэм я чемпион ухъун ипэкIэ, псом япэрауэ, УФ-м и чемпионатыр къыумыхьу хъунукъым. Абдеж къыщымынэу, хуэфащэ пщIэи бгъуэтыжын хуейщ. Армырамэ, спортсменхэр зэбграшынущ. Нэхъыбэми къэхъур аращ» - къыхегъэщ Тау Хьэсэнбий. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: