Унагъуэм илъ зэхущытыкIэр къащIэхъуэ сабийм щапхъэ зэрыхуэхъум шэч хэлъкъым. Абы гъэсэныгъэ тэмэм игъуэтын папщIэ лэжьыгъэшхуэ я пщэм къыдохуэ адэ-анэм. ЩыцIыкIум къыщегъэжьауэ хабзэм, нэмысым, гущIэгъум, гулъытэм хуаущиймэ, гъуэгу захуэ техьэну ущыгугъ хъунущ.
Апхуэдэщ зи гугъу фхуэсщIыну щIалэр. Ар 2003 гъэм республикэм и къалащхьэм къыщалъхуа, 2021 гъэм Налшык дэт лицей №2-р аттестат плъыжькIэ къэзыуха, мы зэманым Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ КъБКъУ-м СтоматологиемкIэ и институтым и етхуанэ курсым щеджэ Еристау Имирланщ.
Еристаур мы гъэм и гъатхэ лъандэрэ КъБР-м и Парламентым дэлажьэ ЩIалэгъуалэ палатэм узыншагъэр хъумэнымкIэ, щIыуэпсымрэ туризмэмкIэ и комиссэм и унафэщIщ. Мэкъуауэгъуэм къыщегъэжьауэ, ар хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ дэлажьэ гупми Налшык къалэ округым и администрацэм деж щыIэ щIалэгъуалэ советми.
Имирлан зэхыхьэ щхьэпэхэр къызэрегъэпэщ, а Iуэхухэм хуэжыджэру. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къызэрыщытхьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ иригъэкIуэкIащ абы, Хэкум нэхъ лъапIэ зэрыщымыIэм тригъащIэу. Узыншагъэр хъума зэрыхъуным теухуауи зэIущIэ щхьэпэхэр къызэригъэпэщащ. Псалъэм папщIэ, республикэм ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу Еристаур ныбжьыщIэхэм къахуеджащ «ЦIыхум и дзэхэр узыншэу къызэтригъэнэн папщIэ ищIапхъэхэр» дерсым. Имирлан абы ещхь Iуэхугъуэ дяпэкIи иригъэкIуэкIыну и мурадщ, комиссэм къыхуигъэлъагъуэ махуэхэм техуэу.
НыбжькIэ щIалэми, зэфIэкI иIэу дунейм тетыну узыщызыгъэгугъщ Имирлан. Иджыблагъэ абы депсэлъащи, къыджиIам фыщыдогъэгъуазэ.
- Дзэ дохутырым ухуеджэныр сытым къыхэпха, Имирлан?
- ЕтIуанэ классым сызэрыщIэс лъандэрэ си гуращэт дохутыр IэщIагъэм сыхуеджэну. Хирург IэщIагъэрт нэхъ зытезгъащIэр, ауэ, сыкъыдэкIуэтея нэужь, сегупсысыжри, дзэ дохутыр IэщIагъэр къыхэсхмэ нэхъыфIу къэслъытэжащ. А мурадыр къыздаIыгъащ сыкъызыхэкIа унагъуэм ис нэхъыжьхэми. КъезгъэзэкIыжынщи, дохутыру седжэну щIытезубыдар си адэшхуэр кIыхьу сымэджати арат. Си анэм ар зэрихьащ, гугъу дехьу. «Паркинсон узыфэ» жыхуаIэрат къеузри зэрыщхьэщыпхын Iэмал щыIэтэкъым. Иджы дыдэ къэIуащ еджагъэшхуэхэм а уз бзаджэм хущхъуэгъуэ къыхуагъуэтауэ. АтIэ, адэшхуэм телъ бэлыхьыр махуэ къэс слъагъурт. Узым игъэхыщIэ абы и нэгум сыщиплъэкIэ, си гущIэм зыкъигъазэрт. Дадэ лIэну сыхуейкъым, жысIэу сыгъыу сыщыщысаи куэдрэ къэхъуащ. «Дадэ, сэ укъызогъэгугъэ фIы дыдэу седжэну, школыр дыщэ медалкIэ къэзухыу дохутыр Iэзэ сыхъуну, цIыхухэм садэIэпыкъуну, уи узыр пщхьэщызыхын хущхъуэ къэзгупсысыну», - жесIауэ щытат си адэшхуэм. Си анэм и адэр къызэрызгъэгугъам сытету сыкъэгъуэгурыкIуэну сыхуейщ сыпсэухукIэ. Адэшхуэм ифIэфIт IэщIагъэ, щIэныгъэ зыбгъэдэлъхэр. Еджэныр зыхилъхьэ щыIэтэкъым. Мис арауэ жыпIэ хъунущ щхьэусыгъуэ хуэхъуар дохутыр IэщIагъэр къыхэсхыным.
- Сыт хуэдэ лъагапIэ сынэсащэрэт жыпIэрэ?
- ГъащIэ щыхъукIэ, лъэпощхьэпо куэдым ухуозэ. Ди япэ итхэм я чэнджэщ уедаIуэмэ, ущыуэнукъым. «УзэупщIын умыгъуэтмэ, уи пыIэр щхьэрыхи ечэнджэщ», жаIэртэкъэ?! Ди нэхъыжьыфIу фIыщIэ иныр зыхуэфащэхэм къытхуагъэ-на псалъэ Iущхэр псэм и зы Iыхьэщ, ахэр сытым щыгъуи си гум илъу сыкъокIуэкI. СызэрыцIыкIурэ быдэу мурад сщIащ цIыхухэм садэIэпыкъуну, зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми я гум сехуэбылIэну. Дзэ дохутыр Iуэхум куэд щIауэ ирилажьэхэр, фIыуэ хэзыщIыкIхэр къезгъэблагъэурэ дерс ярызогъэт а IэщIагъэм хуеджэ щIалэгъуалэм.
2024 гъэм Iуэхур езгъэжьащ, икIи мыхьэнэ иIэу къызолъытэ.
Иджыблагъэ «Эристави» зыфIэсща IуэхущIапIэ дзэм зэрелэжьыну щIыкIэм щыхуагъасэ центр къызэIусхащ. А цIэр абы щIыфIэсщар сыкъызыхэкIа лIакъуэм и щIыхькIэщ. Си мурадхэм ящыщ зыуэ ари къызэхъулIащи, адэкIэ си гугъэщ нэхъ Iуэхушхуэхэми зеспщытыну. Зыгуэр пщIэну уи гум иплъхьамэ, уеужьэрэкIын хуейщ. ГъащIэр бжьизщ зэрыхъур. Машинэ къызжьэхэуэри фэбжьышхуэ згъуэтауэ щытати, абы щыгъуэ къызгурыIуащ нобэ пхуэщIэнур зэбгъэтIылъэкI зэрымыхъунур.
- Упсэу, Имирлан, апхуэдэ Iуэху щхьэпэхэр зэрыблэжьым папщIэ. Тхьэм уригъэфIакIуэ!