Спорт хъыбархэрЕджапIэхэм я мардэхэр Спортым и лъагапIэ нэхъ ин дыдэхэр къахуэщтэну, Олимп джэгухэм хэтыфыну зэчийхэр зыбгъэдэлъ сабийхэр щагъэхьэзыр еджапIэу 14 Къэбэрдей-Балъкъэрым иIэщ мы зэманым. Ахэр щыIэщ Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ къалэхэмрэ Лэскэн, Тэрч, Iуащхьэмахуэ щIыналъэхэмрэ. Спортым дегъэхьэхыным хуэунэтIауэ Шэджэм щIыналъэм и спорт инфраструктурэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр абы и жылэхэмрэ къалэмрэ зэпымыууэ щрагъэкIуэкI. Ахэр псори хуэунэтIащ къытщIэхъуэ щIэблэр спортым дегъэхьэхынымрэ гъащIэ узыншэм ахэр хуэущиинымрэ. ГТО-м зыщыхуагъэхьэзыр щIыпIэхэр 2020 гъэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыху мин 40-м щIигъу хэтащ «Лэжьыгъэмрэ зыхъумэжыныгъэмрэ сахуэхьэзырщ» (ГТО) спорт Iуэхугъуэм икIи абы къигъэув мардэхэр зэрагъэзэщIам щыхьэт техъуэ бгъэхэIу дамыгъэхэр цIыху мин 20-м иратащ.
Поделиться:
Читать также:
10.08.2026 - 12:00 →
УащIыдэплъеин ябгъэдэлъщ
28.07.2026 - 11:18 →
Бибрэс и цIэр тхыдэм къыхэнэнущ
27.07.2026 - 20:41 →
ЩыIащ Адыгейм апхуэдэ жылэ
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
| ||




