Газетым уасэ къезытыр ар къыдэкIагъащIэу зэрыщытырщ: абы тет тхыгъэхэри, хъыбарыщIэхэри, сурэтхэри «свежабзэу» щытын хуейщ, блэкIа зэман жыжьэхэм ятеухуауэ щытми.
ЩIафэ газетым къытезыгъауэр псалъащхьэхэмрэ сурэтхэмрэщ, сыту жыпIэмэ, абы еджэн зи хьэлхэр нэхъ мащIэщ, арыххэу зэпызыплъыхьхэм нэхърэ. ИтIани, мыхьэнэ зиIэр тхыгъэхэмрэ ахэр дунейм и щытыкIэм зэрыпэджэжымрэщ. («Игъуэ» жытIэмэ, «актуальнэ» къикIыу пIэрэ?)
Лъэныкъуэ куэдкIэ узэзыгъэхъуапсэхэм язщ «Экономист» газет-журналыр. 1843 гъэм уней газету гъуэгу теувауэ щытащ ар. Иджы мэрем къэс традзэ къыдэкIыгъуэр езыр журналкIэ зоджэж, ауэ и щIэупщIэм хэщIыркъым. ЦIыхубэр пэжкIэ щыгугъ зэпытщ «Экономист»-м, апхуэдиз илъэсым и пщIэр кIэрымыхуауэ. Ар зэрихъумэ Iэмалхэри гъэщIэгъуэнщ.
Бжыгъэхэр зи лъабжьэ Iэмэпсымэхэр къызэрежьэрэ, «Экономист»-р тхылъымпIэу зэрытрадзэ бжыгъэм хъарзынэу хэщIащ. ИтIани, электрон къыдэкIыгъуэхэр, видеохэр, къинэмыщI нобэрей журналист Iэмалхэр хэту, мы газетым щIэджыкIакIуэ мелуан 35-м нэс къызэщIеубыдэ. Мы газетыр зэрызэрахьэ щIыкIэм нэхъ дыкъэзыгъэуIэбжьауэ хэлъыр сыт жыпIэмэ, абы къытехуэ тхыгъэхэм журналистым и цIэр зэрыкIэщIамытхэрщ. «Экономист»-м мыр етх», - апхуэдэущ я хъыбархэр утыкум зэрырахьэр. Дэтхэнэ къыдэкIыгъуэри цIэрыIуэ зыщIыр адрейхэр зытемыгушхуэ гуэр къызэрытридзэрщ. Е, нэхъ пэжу жыпIэмэ, куэд зытемыпсэлъыхьыф Iуэхугъуэхэм я щхьэ зэрытрачырщ. Уегупсысми, тхыгъэхэм журналистхэм я цIэр зэрыкIэщIэмытым абы и пщIэм хигъахъуэ фIэкIа, хигъэщIыркъым, япэрауэ. ЕтIуанэрауэ, «фэжагъуэ къэхьын» узу дэ дызыщыщтэм къызэрелын Iэмал мыбыхэм къызэрагъуэтам шэч къытевмыхьэ. Мыбы къытехуэхэр зытхар зэрабзыщIыр зигу иримыхь щыIэщ, дауи, жэуаплыныгъэ ирагъэхьэну Iэмал зэрамыгъуэтым щхьэкIэ. Ауэ къыдэзыгъэкIхэм я еплъыкIэми хьэтыр игъуэтыпхъэщ: цIэ зыкIэщIэмыт тхыгъэхэр цIыхубэм я макъыу къэплъытэну нэхъ тыншщ, «псоми мыр я еплъыкIэщ» жыпIэ хуэдэу. Зытхар хьэрф къудейкIэ къыщагъэлъагъуи щыIэщ, е тхыгъэр зейр цIыху цIэрыIуэмэ, апхуэдэхэр ябзыщIыркъым. Езыхэм я журналистхэм я цIэ-унэцIэр сыт щыгъуи щIэхъумауэ къонэ.
«Экономист»-м и хъэтIыр къуегъэцIыхуж абы и тхэкIэм ауан щабэ зэрыхэлъымрэ зи гугъу ящI Iуэхугъуэхэм ехьэкI-къехьэкI хэмылъу и цIэ дыдэр къызэрыраIуэмкIэ. Уеблэмэ къэрал унафэщIхэм хуиту зэратепсэлъыхьым къыхэкIыу, газетыр щIэх-щIэхыурэ хеящIэ пащхьэм къыщохутэ.