Хабзэм и хъумакIуэхэр зэчэнджэщащ

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Хабзэр хъумэнымкIэ зэпымыууэ лажьэ зэзыгъэуIу зэхуэ­сым, республикэм Экономикэ, жылагъуэ шынагъуэншагъэмкIэ и советым хэтхэм я зэIущIэ. Абы щIэсащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ ­Татьянэ, ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и аппаратым и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, хабзэхъу­мэ, кIэлъыплъакIуэ органхэм, министерствэхэм я уна­фэщIхэр, республикэм и муниципальнэ щIыналъэхэм я администрацэхэм я Iэтащхьэхэр.

ЗэIущIэм щызэпкърахащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэм, щIалэгъуалэр экстремизмэм щыхъумэным япыщIа Iуэхухэр. Докладхэр ящIащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэ­ным­рэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмкIэ, щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Езауэ Анзор, Прохладнэ, Аруан, Шэрэдж ­муниципальнэ районхэм я Iэтащхьэхэу Журавлёв Андрей, Ажий Валерэ, Муртазов Борис сымэ.
Доклад щхьэхуэхэр теухуауэ щытащ щIыуэпсыр къэгъэсэбэпыным пыщIа хабзэншагъэхэм япэщIэтыным. Абы и лъэныкъуэкIэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэ­хэм теп­сэлъыхьащ КъБР-м щIыуэ­псым и хъугъуэ­фIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министрым и къуэдзэ Апхуд Мурат, ЩIыуэпсыр къэгъэсэбэпынымкIэ IэнатIэм щыкIэлъы­плъынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и Управленэу ­КъБР-м щыIэм и уна­фэщI Асанов ­Зейтун.
КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис зэIущIэм щIэсахэр щыгъуазэ ищIащ «Хьэрычэт IэнатIэ мыинымрэ курытымрэ, щхьэзакъуэ хьэ­рычэтыщIэхэм я жэрдэмхэр ядэIыгъыныр» лъэпкъ проектыр, хьэрычэт IэнатIэм пэрытхэр административнэ лъэпощхьэпохэм ящыхъу­мэнымкIэ икIэ­щIы­пIэкIэ зэфIэгъэ­кIыпхъэхэм ятеу­хуауэ Урысейм и Президентым къы­ди­гъэкIа указыр гъэ­зэщIа зэрыхъум.

Поделиться: