Зэманым декIу пасэрей хабзэ

Налшык дэт «Акрополь» уардэунэм  иджыблагъэ  щызэхуащIыжащ  «Зэныбжьэгъугъэ»  Iуэху дахэр.  

Тхьэмахуэ хъуауэ екIуэкI  проектым унагъуэ 18 хэтащ.  А дауэдапщэм къекIуэлIа  ныбжьыщIэхэр   зызэщамыгъэнщIу зэрызэбгъэдэсыр нэрылъагъут.

Май къалэм щыщ Рудик Евгений (11-нэ классым щоджэ), Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ  Къармэхьэблэ къуажэ щыщ  Бей  Ислъам  и деж щыхьэщIащ.  Ахэр зэгъусэу школым кIуащ, загъэпсэхуащ, спорт джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ я зэфIэкI зэхуеплъащ. Евгений  зыхыхьа унагъуэм илъ хабзэмрэ бзыпхъэмрэ  ирагъэлъэгъуащ.  Езы ныбжьыщIэ цIыкIухэм зэражаIамкIэ, проектым хэтыну зэрытегушхуам щыгуфIыкIыжащ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и фIыгъэкIэ ныбжьэгъу пэж къагъуэтауэ къылъытэ.

Шэджэм къалэ  щыщ Семэн Владислав  Эльбрус къуажэм щыщ Соттеевхэ я унагъуэм щыхьэщIащ. Абы   Iуэхугъуэ куэдкIэ и нэгу зрагъэужьащ, ауэ езым нэхъыбэу  игу ирихьауэ къыхигъэщыр,   шыхэмрэ абыхэм  якIэлъыплъу игъэкIуа  зэманымрэщ.

 КъБР-м граждан жылагъуэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIурашын Анзор зэIущIэр къызэIуихри Iуэхум хэта дэтхэнэми   фIыщIэ яхуищIащ. Мыгъэрей зэхыхыхьэр  куэдкIэ нэхъ дахэ хъуауэ къызэрилъытэр къыхигъэщащ  абы.

Зэныбжьэгъугъэр зи лъабжьэ пасэрей хабзэжьыр къэгъэщIэрэщIэжыным  хэта ныбжьыщIэхэм   щIыхьэт тхылъхэмрэ фэеплъ саугъэтхэмрэ хуагъэфэщащ,   хьэщIэхэр зэрыса унагъуэхэм министерствэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр иратащ.

Пшыхьыр ягъэдэхащ ди  республикэм и артист пажэхэмрэ къэфакIуэ гупхэмрэ.

 

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

 

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: