КIуэкIуэ Казбек яхуэгузэващ Кузбассым къыщыхъуа насыпыншагъэм хэкIуэдахэм я унагъуэхэмКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Кемеровэ областым и губернатор Цивилев Сергейрэ щIыналъэм щыпсэухэмрэ яхуэгузэващ Кемеровскэ областым щыIэ «Листвяжная» фIамыщI къыщIэхыпIэм гузэвэгъуэ къызэрыщыхъуам къыхэкIыу. Абы хэкIуэдащ шахтэм щылэжьахэри ахэр къезыгъэлыну яужь итахэм ящыщхэри. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм гущIыхьэ ящыхъуащ къэхъуа нэщхъеягъуэм теухуа хъыбарыр, «Листвяжная» фIамыщI къыщIэхыпIэм и лэжьакIуэхэри къегъэлакIуэхэри зэрыхэкIуэдар. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыпсэухэми си щхьэми къабгъэдэкIыу сыфхуогузавэ Кемеровэ областым и губернатор Цивилев Сергей, щIыналъэм щыпсэухэм, хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэ икIи вжызоIэ фи гуауэр зэрызыхэтщIэр. Къэхъуам фэбжь хэзыхахэр икIэщыпIэкIэ узыншэ хъужыну ди гуапэщ», - щитхащ КIуэкIуэ Казбек социальнэ сетым щиIэ напэкIуэцIым.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|