Путин Владимир: Урысейм зыри къытекIуэфынукъым, епцIыжакIуэхэм зэхамыгъэщэщэжмэ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир иджы 17-нэу иригъэкIуэкIащ илъэсым и кIэм цIыхубэр зыпэп­-лъэ пресс-конференцэ иныр. Урысейм и щIыналъэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм, хамэ къэралхэм щыщ журналист ­500-м щIигъу хэтащ абы. Адрей илъэсхэм елъытауэ жур­налистхэм я бжыгъэр нэхъ мащIащ пандемием къыхэ­- кIыу. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу зэIущIэшхуэм хэтащ РИА «Къэбэрдей-Балъкъэр агентствэм и редактор нэхъыщхьэ Аттаев Азноррэ «Советская молодежь» газетым и редактор нэхъыщхьэ Ярославская Маринэрэ. Сыхьэти 3-рэ дакъикъэ 55-кIэ екIуэкIа пресс-конференцэм упщIэ 55-м жэуап щаритащ къэрал Iэтащхьэм. 

УпщIэхэр теухуат коронавирус уз зэрыцIалэм къихьа гугъуехь­хэм яужькIэ экономикэр зэрызэтрагъэувэжыну щIы­кIэм, къэралыр цIыхухэм зэрадэIэпыкъуну Iэмалхэм, пандемием, вакцинацэм, пхъэнкIийм епха зэхъуэкIыныгъэхэм, ­кхъахэ хъуа унэхэм щIэсхэр къыщIэгъэIэпхъукIыным, ухуэныгъэм, нэгъуэщI куэдми. 
Путин Владимир Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ятеухуауэ жиIам щыщхэр кIэщIу фи пащхьэ идолъхьэ.

Экономикэм теухуауэ

Коронавирус уз зэрыцIалэм къихьа гугъуехьхэм ди экономикэр нэхъ хуэхьэзыру къыщIэкIащ икIи лъэпощхьэпохэр ­нэхъ жыджэру къызэринэкIыфащ. Къапщтэмэ, проценти 3 хуэдиз хэщIыныгъэ иIауэ аращ, ар куэдкIэ нэхъ мащIэщ ­экономикэкIэ зызыужьа зиIэ адрей къэралхэм я хэщIыныгъэм нэхърэ. Абы къыхэкIыу хамэ къэралхэм нэхърэ нэхъ псынщIэу ди хэкум щызэфIоувэж экономикэр. Мы гъэм ВВП-р проценти 4,5-кIэ хэхъуэну гугъэ щыIэщ. ЕрыскъыхэкIыу къыщIэдгъэ­кIыр нэхъыбэ хъуащ. Гъавэу къетхьэлIэжар мы гъэм нэхъ мащIэщ, нэгъабэ елъытауэ, ар дунейм и щытыкIэм къихьащ. ­Нэгъабэ тонн мелуани 133,5-рэ къетхьэлIэжащ, мы гъэм - тонн мелуани 123-рэ. Ауэ ар дэ тхурикъужым и мыза­къуэу, ­хамэ къэралхэми едгъэшэну къытхудохуэ. Ди мылъку ­нэхъыщхьэм инвестицэу къыхалъхьар проценти 7,6-рэ мэхъу, ар нэгъабэ нэхъ мащIэу щытащ. 
Ухуэныгъэм ехъулIэныгъэхэр щыдиIэщ, метр зэбгъузэна­-тIэу мелуан 90 духуащ. Урысейм иджы япэу щаухуауэ аращ ап­хуэдиз. 
Улахуэр, цIыхухэм я хэхъуэр нэхъыбэ хъу зэпытщ. Инфляцэм и гугъу пщIымэ, мы гъэм ар проценти 8 хъуну хуагъэ­фащэ. Ар ди гугъам нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэщ. Ауэ къэралым иIэ хэхъуэм а инфляцэр къыхэпхыжа нэужьи, проценти 4,1-рэ мэхъу. Илъэсым тещIыхьауэ, хэхъуэр проценти 3,5-рэ хъуну хуагъэфащэ IэщIагъэлIхэм.

ЛэжьапIэ лъыхъуи лэжьэни диIэщ

IэнатIэншэхэм ятеу­хуауэ ды­щылажьэм, пандемиер къэ­мыхъей щIыкIэ дызэрыта щы­тыкIэм дыхуэкIуэжыну къалэн згъэуват. Абы щыгъуэм лэ­жьапIэншэхэм я бжыгъэр проценти 4,6 - 4,7-рэ хъурт. Иджыпсту - проценти 4,3-рэ. Илъэсым и кIэм а бжыгъэр 4,4-рэ хъуну къыщIэкIынщ. Ар IуэхуфIу къыдэхъулIахэм ящыщщ, экономикэм и зыужьыкIэм и щыхьэтщ. Пэжщ, лэжьыгъэ IэнатIэм теухуа гугъуехьхэр щы­Iэщ, ухуэныгъэм и закъуэ урикъунщ. ЛэжьапIэ лъыхъуэхэм хуэдэ дыдэу, лэжьэн къэзы­лъыхъуэ IэнатIэ куэди диIэщ. 
Демографием и гугъу пщIы­мэ, иужьрей зэманым лIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ зэрыхъуар зым и дежкIи щэхукъым. Ди къэралыр зи инагъым цIыху мелуни 146-рэ ису аращ. Абы­хэм ящыщу лэжьэфыр цIыху мелуан 81-рэщ. Лэжьэн дри­къуркъым, 2024 гъэ пщIондэ хэ­хъуэн хуейщ а бжыгъэм. Абыи епхащ экономикэм и зыу­жьы­ныгъэр. 

Къэралым и хэхъуэр зэлъытар

Хэхъуэр зэлъытахэм ящыщщ инфраструктурэм зегъэу­жьын­ри. Псоми фощIэ къэрал бюд­жетым щыщу сом мелард 500-р а Iуэхум зэрыхуэду­тIып­щыр. Лъэпкъ проектхэм сом мелард 260-рэ хухэтхащ, абы къыкIэлъыкIуэу сом мелард 400 хуэдутIыпщащ. Лъэпкъ зэ­IузэпэщыныгъэмкIэ фондым къыхэкIыу дызыхуэкIуэ илъэс­хэм сом триллиони 2,5-рэ а Iуэхум тедгъэкIуэдэну ди мурадщ. 
Егъэджэныгъэм щегъэжьауэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм деж щиухыжу про­граммэ куэд щыIэщ, зыу­жьы­ныгъэр къыпэкIуэну. Ахэр псори дубзыхуакIэщ, тедгъэ­кIуэ­дэнухэ­ри диIэщ, и чэзум псоми яIэрохьэ. Мыбдеж нэхъыщхьэр ар зыхуей хуэзэу зэгъэ­зэ­хуэ­нырщ, дэтхэнэ зы сомми къы­пэкIуэн хуей хъерыр зыIэры­гъэхьэ­нырщ. 
Ди Iуэхур зэрызэпIэзэрытым и нэщэнэщ Правительствэмрэ Банк Нэхъыщхьэмрэ я зэ­дэ­лэжьэкIэр. Дунейпсо гъэтIы­лъыгъэу диIэм хэхъуащ: ар доллар ме­лард 595-рэ щытамэ, 625,5-м нэсащ. Лъэпкъ зэ­Iу­зэпэщыныгъэмкIэ фондми доллар меларди 185,2-рэ иIэщ. А псоми къыбжаIэ зэпIэзэрыту зэрызыдужьымрэ макроэкономикэм и Iуэхур зэрытэмэмым­рэ. 

Пандемиемрэ вакцинэмрэ

Къэрал куэдыр, псалъэм папщIэ, ФРГ-р, вакцинэ езыгъэщI цIыхухэм я бжыгъэр зэрымащIэм егъэгузавэ. Ди деж абыхэм я бжыгъэр процент 59,4-рэ щохъу. Ар иджыри мащIэщ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, уз зэрыцIалэр къы­щыувыIэнур вакцинэ езыгъэщIахэм я бжыгъэр процент 80 ирикъумэщ. Согугъэ, етIанэгъэ и япэ мазищ пIалъэм и кIэухым а бжыгъэм нэдгъэ­сыфыну. 
Узыфэ зэрыцIалэм и лIэужьыгъуэщIэхэм зыщауб­гъур узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэр щы­лъэрымыхьхэмрэ иммунитет зимыIэ цIыхухэр щыкуэдым­рэщ. Аращ сэ сы­тым дежи вакцинэм и мы­хьэнэм сыщIытеп­сэ­лъыхьыр, ар къэралхэм хьэкъыу яп­хы­кIыу, дуней псом ар щызэбгрыкIын хуейуэ къы­щIэс­­лъы­тэр. 
Вакцинэм хэгъэзыхь хэлъын хуей? Хьэуэ. Абы залымыгъэ хэплъхьэмэ, пэщIэтхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуну аращ. ЦIыхухэм ятепкъузэн щIэбдзэ­мэ, къызэрыпакIухьын Iэмал нэхъыбэ къагъуэтыну аращ. 
НэгъуэщI гъуэгущ дэ къыхэтхын хуейр. Сыт хуэдэ еплъыкIэ иIэми, цIыхум пщIэ хуэщIыпхъэщ. Абыхэм шыIэ тхэ­лъу и кIэм нэс къагурыдгъэIуэн ­хуей­уэ аращ вакцинэм и сэ­бэ­пынагъыр. 
Коронавирусыр етIуанэу къып­пкърыхьэмэ ящIэну ­хуейщ. Къапкъ­рохьэ! Ауэ зы процентращ етIуанэу сымаджэ хъур. Вакцинэ езыгъэщIахэм ящыщу проценти 3 - 4-рщ а узым ­игъэсымаджэр. Вакцинэ хуейрэ-хуэмейрэ еупщIыххэу щы­такъым совет лъэхъэнэм, ха­Iурти ежьэжырт. ЦIыхум ­къыгурыдгъэIуэн хуейщ абы и мыхьэнэр. Жэуапым ешэлIапхъэр тхылъ нэпцI зытхэрщ. Апхуэдэ уголовнэ Iуэхуу 200-м щIигъу къыщаIэтащ Урысейм. 

Навальнэмрэ тIасхъэщIэххэмрэ

Урысейм зыри къытекIуэфынукъым, епцIыжакIуэхэм зэхамыгъэщэщэжмэ. Аращ 1990 гъэ­хэм къэхъуар. Хэт апхуэдэу зыщIар? НэгъуэщIхэм я жыIэм щIэтахэм, зи хэкум епцIыжахэм. А ягъэтIысауэ исым ягъэ­лIэну хэтауэ игъэIуащ Германием щыIэу. Ди цIыху дгъакIуэу Iуэ­хур зытетыр къедгъэщIэну, щхъухь ирагъэшхарэ ирамыгъэшхарэ къэтщIэну, абы и Iуэхум теу­хуауэ уголовнэ Iуэху къэтIэтыну иужь дыщихьам, ар зэрыпэжым щыхьэт техъуэ зы Iуэхуи тхылъи дгъуэтакъым. Зыри иращIатэкъым. АфIэкIа и гугъу дывмыгъэщI абы. 
Тутнакъэщхэр сыт хуэдэ къэралми яIэщ. ЩIэпхъаджагъэ зы­хэпщIыхьу политикэкIэ щIэп­хъумэну иужь ущIитын щыIэкъым. 
ХъыбарегъащIэ IэнатIэхэр нэгъуэщI къэралхэм зэрыхуэ­лажьэм фIы лъэпкъ къишэркъым. Апхуэдэхэм США-м те­зыр щытралъхьэ 1930 гъэ лъандэрэ. ИлъэситхукIэ ягъэтIыс. Дэри диIэщ апхуэдэхэр, ауэ я лэжьыгъэр къызэпыдудыркъым. Урысейм и къэрал кIуэцI по­литикэм и Iуэху зезыхуэхэм ­къаIэрыхьэ ахъшэр къыздикIыр тщIэн хуейщ. Мис аращ дызэлэжьыр, ар куэдкIэ нэхъ тыншщ. Мылэжьэнуи япэду­быдыркъым, зыгъэлажьэр къат­щIэ къудеймэ. Фейдэ къе­зымыгъэщIу лажьэ организацэу ­200-м ящыщу 74-р хамэ къэрал агентщ. 

Бюджет ахъшэр зытекIуадэр

Къэралым и бюджетыр зы­теу­хуар псэукIэр егъэфIэ­кIуэнращи, ахъшэр нэхъыбэу зыхуэдунэтIыр узыншагъэр ­хъумэнымрэ социальнэ Iуэ­хум­рэщ. Узыншагъэр хъу­мэнымкIэ  ­IэнатIэм федеральнэ бюджетым, ОМС-м, щIыналъэ бюд­жетым къыхэкIыу сом триллион 1,5 - 1,7-рэ хуэдутIыпщащ. ЕтIа­нэ­гъэ а бжыгъэр сом трил­ли­о­ни 4-м нэблэгъэнущ, уеблэмэ щIигъунущ.
Социальнэ Iуэхутхьэбзэхэм текIуадэм я гугъу пщIымэ, пандемием и лъэхъэнэм къызэ­тедгъэувыIакъым икIи абы и зэран зэкIа унэтIыныгъэ псоми защIэдгъэкъуащ. Экономикэм, хьэрычэт Iуэхум къэралыр ща­дэIэпыкъум псом нэхъыбэу ды­зэгупсысыр цIыхухэр лэжьапIэншэу къэмынэнырт. 
Къэралыр унагъуэ нэхъыбэм дэIэпыкъу хъуащ. Псом япэрауэ, ар зи ныбжьыр илъэсищым нэмыса сабий зиIэхэрщ. Анэм и ахъшэр япэу къалъху сабийми етту едгъэжьащ. Пособие идот цIыхубз уэндэгъухэми. Илъэсищым щыщIэдзауэ илъэси­блым нэс зи ныбжь сабийхэм ахъшэ хэха етту зэтедублащ. Сом минитху, сом минипщI зэ етыгъуэу яхухэтхащ хуэны­къуэхэм. А псом илъэс кIуам сом триллиони 4,5-рэ ихьащ, мы гъэми къыпытщащ. 

Украинэм и IуэхукIэ

Зауэ гугъу ящI зэпытщ, икIи ды­хэмыIэбэну къыджаIэ хуэдэу гугъэ уагъэщI. ДыхэIэбэмэ, санкцэщIэхэр къытхуагъэувыну къыщIэкIынщ. Урысейм сыт ищIэнур? Зауэр къыщыхъеи­нум, и цIыхухэр щыхэкIуэдэнум пэплъэу щысын хуейуэ ара? Сыт иджыри къэс зи гугъу сщIа къомыр щIэтщIэр? Зауэ-банэ хэмыту дызэгурыIуэн, мамыру дыпсэун папщIэщ. Аращ ­США-м и Президент Байден зэпIэ­зэрытыныгъэр къызэгъэ­пэщыным теухуа зэпсэ­лъэ­ны­гъэм хэтын лIыкIуэ хэхынымкIэ арэзы сыщIыдэхъуар. Донбас­сым и къэкIуэнур зыубзыхур абы щыпсэухэращ. Дэ ды­дэлэлуращ. Ауэ Урысейр къаугъэ лъыхъуэу къыщIрагъэдзыну хущIокъу. 
Дэ дызыхуейр Украинэмрэ дэрэ зэгъунэгъу зэхущытыкIэ зэ­худиIэнырщ. Ауэ иджырей унафэщIым абыкIэ угуры­Iуэ­фыну?

Урысеймрэ Китаймрэ зэдолажьэ

Китай ЦIыхубэ Республикэмрэ Урысей Федерацэмрэ зэхущытыкIэфI я зэхуаку дэлъщ. Уеблэмэ Си Цзиньпинрэ сэрэ зэныбжьэгъуфIхэм хуэдэу дызэрызэдэлажьэм ди Iуэхухэри егъэкIуатэ. Экономикэ IэнатIэр къапщтэмэ, Азием зэрыщыту улъэщIэмыхьэу зеужь, Китайм дунейпсо, азие экономикэм япэ увыпIэр щи­Iыгъщ. Аращ ди зэдэлэжьэ­ныгъэм лъабжьэ хуэхъури. Китайм лъэныкъуэ куэдкIэ ды­пыщIащ, сату-экономикэ лэ­жьэгъу нэхъыщхьэу диIэри аращ. Атом энергетикэм, тех­нологиехэм, хьэршым епха Iуэхухэр зэдыдощIэ. 
Апхуэдэуи гуманитар унэ­тIыныгъэмкIи дызэпыщIащ. Дэ зэгъусэу къызыдогъэпэщ ЩIалэгъуалэм, Егъэджэныгъэм, Щэн­хабзэм я илъэсхэр. Абы­-хэм цIыхухэр зэкъуегъэувэ. Шы­нагъуэншагъэр къызэгъэ­пэ­щынымкIи ди лэжьэгъущ Китайр. 
Китай дзэр урысей IэщэхэмкIэ зэщIэузэдащ. Кхъухьлъатэ­хэр, хьэршыр - куэд мэхъу зы­зэтпщытыр. А псори урысей, китай цIыхубэм я сэбэпщ, ап­хуэдэуи дунейпсо утыкум мы­хьэнэ щиIэщ урысей-китай зэ­дэлэжьэныгъэм. 

Интернетым и сэбэпынагъымрэ зэран зэрыхъумрэ

Сабийхэм Интернетыр зэран зэрахуэхъум игъэгузавэр ди ­закъуэкъым, абы егъэпIейтей икIи щытопсэлъыхь къэрал куэдым. Сеть, платформэ инхэр зыIэщIэлъхэм я дежкIэ ар хьэрычэт Iуэху къудейуэ аращ. Абыхэм я дежкIэ хэхъуэращ ­нэхъапэр, армыхъумэ, сабийр зыхуишэнкIэ хъуну мыхъу­мыщIагъэм егупсысыркъым. Интернетым къиша зэраныгъэщ ди къэралми къыщыхъу щIэпхъаджагъэ куэдым лъабжьэ яхуэхъур. Ар ди гъащIэм и Iыхьэ щыхъуакIэ, хабзэ гуэрым тету лэжьэн хуейуэ соплъ. Абы и курыхри къэгъуэтыпхъэщ. Дэ делэжьынущ платформэ ин­-хэм къэрал хабзэхэм зыкъыдрагъэкIуным. 
Сабийхэр адэ-анэхэм нэхърэ нэхъ Iущу къохъу, къэхъуни ­хуейщ. Абы папщIэ Iэмал псо­-ри къэгъэсэбэпын, куууэ, жану гупсысэу, гъэщIэгъуэн гуэрхэм я акъылкIэ хуэкIуэфу егъэсэн хуейщ. Абы папщIэ сабий гъэсапIэхэми, курыт еджапIэхэми Iэмал псори къыщыгъэсэ­бэ­пыпхъэщ. НыбжьыщIэм щIэныгъэ зригъэгъуэтынымкIэ дэIэ­пыкъуэгъушхуэщ, дауи, Интернетыр. Ар школхэм щIэшэным долэжь. Нэхъыщхьэр сэбэп ­хъуну контентым зэрызегъэу­жьыпхъэрщ. Интернетым ири­сымаджэ хъунукъым сабий­-хэр, дихьэхыIуэу гъащIэмрэ абырэ зэхагъэзэрыхьыным нэд­гъэсыныр къемызэгъщ. Iэмал имыIэу спортым, театрхэм, музейхэм щIэх-щIэхыурэ кIуэн хуейщ. Интернетым гъащIэр ­игъэбеипхъэщ аращ, ар­мыхъу­мэ цIыхур къызыщагъэхъу ­гъа­щIэм хишэн хуейкъым. Абы хуэсакъыпхъэщ. 

КъухьэпIэм и мурадхэр дэтIыгъыркъым

Урысейм ищIэнур зэлъытар и шынагъуэншагъэрщ. Къапщ­тэмэ, НАТО-р КъуэкIыпIэмкIэ къэкIуатэу ддэнукъым. Дэ США-м и гъунапкъэхэм дыIу­хьакъым, езыращ ди бжэ­щхьэ­Iум къытеувар. Едгъэлейуэ къыс­щыхъуркъым, ди гъунап­къэм и ракетэхэр къимыгъэувыну жетIэ щхьэкIэ. Мексикэмрэ США-мрэ щIым теухуа зэпэщIэтыныгъэ яIакъэ? Ящыгъупщэжа Калифониер е Техасыр зейуэ щытар? Ахэр ящы­гъуп­щэжауэ, Кърымыр я бзэгупэм телъщ. Дэри дощIэж Украинэр зыухуар хэтми. Ауэ иджыпсту шынагъуэншагъэращ дызы­теп­сэлъыхьыр. Абы ипкъ иткIэ, едгъэкIуэкI зэп­сэлъэныгъэхэми кърикIуэн хуей­хэми ди дежкIэ мыхьэнэ яIэщ. 
Дэ зыри дгъэшынэну иужь диткъым. Абы къыхэкIыу сэ шэсыпIэ сихьэн хуейкъым. ШэсыпIэ къыдэзытыпхъэр ­КъухьэпIэращ. Урысейр иджы­ри ягуэшыну ди ужь къыщIихьэн щыIэкъым. 1991 гъэм Iыхьэ 12 иращIыкIащ Урысейр. Ар яфIэмащIэщ къыддэ­ла­жьэхэм, езыхэм я къэралхэр зэрыцIыкIум щхьэкIэ. Совет Союзыр лъэлъэжа нэужь, цIыху мелуани 146-рэ къинауэ аращ ди къэралым, итIани ар яфIэкуэдщ. Арауэ си гугъэщ сытым дежи зыгуэрхэр къыщIыт­паубыдыр. Урысейм тэмэму удэлажьэмэ нэхъыфIщ. СщIэркъым ар къащIыгурымыIуэр. Иджыпстуи ди шынагъуэн­шагъэр къызэдгъэпэщу аращ, армыхъумэ, зыми и Iуэху зетхуэркъым. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: