Къаплъэныр къокIуэ!

Къэблэгъа илъэсыщIэр, 2022 гъэр, КъуэкIыпIэ махуэгъэп­сымкIэ Къаплъэным ейщ. Мазэ 12-кIэ жьантIэм дэса Выр токIуэтри, утыкум къохьэ щхьэ­зыфIэфIагъыр зи хьэл нэхъыщ­хьэ, нэгъуэщIым и жыIэр зи деж щыпхымыкI Къаплъэн уардэр. ЩIэщыгъуэу, Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ гъэнщIауэ щытынущ а псэущхьэм и нэIэм щIэту екIуэкIыну илъэсыр. Сыт хуэдэу абы дызэрыIущIэнур, дауэ дыкъызэрыдекIуэкIынур?
Уи гъащIэм зэхъуэкIыныгъэ гуэрхэр хэплъхьэну гуращэхэр уиIэмэ, мы илъэсым абыхэм яужь уихьэ хъунущ. Псалъэм папщIэ, уи лэжьапIэ IэнатIэр, ущыпсэу щIыпIэр пхъуэж ­хъунущ. Илъэсыр зей псэущхьэр и телъхьэу щытынущ Iуэху­гъуэщIэхэр къэзыгъэIу­рыщIэу сы­тым дежи ипэкIэ кIуэтэным хущIэкъу цIыхухэм.
Къаплъэным и илъэсыр уи унэм ущIэсыжуи хьэщIапIэ ущы­Iэуи къибгъэхьэ хъунущ, ауэ гупышхуэ узэрымыгъэхъу­мэ нэхъыфIщ. Ар и хьэлкIэ зи закъуэу щыт псэущхьэщ, абы къыхэкIкIэ зэхыхьэшхуэхэр фIэфI­къым. Аращи, фи махуэшхуэ Iэнэм пэрысын хуейр псэкIэ фи гъунэгъу, фIыуэ ­флъагъу цIыхухэрщ.
Мыхьэнэшхуэ иIэщ махуэш­хуэм фызэрыпежьэ щыгъынми. Илъэсым и тхьэмадэм и гуапэ тщIынщ жыфIэу джэдум и фэ зэхэлъыкIэр зиIэ щыгъын щывмытIагъэ. Къаплъэным фIэфI­къым езым зрагъэщхьу. Щыгъыныр екIуу икIи удихьэхыу щытын хуейщ: и плъы­фэкIэ дыщафэу, морэ-гъуэ­жьыфэу, удзыфэу.
Унэр ИлъэсыщIэм щыхуэвгъэхьэзыркIэ Iуэхугъуэ зыбжанэм гулъытэ хуэфщI. Гъэм и лIыхъужьым и гуапэ фщIыну фыхуеймэ, ар екIуу гъэщIэ­рэщIауэ, Iэуэлъауэшхуэ щIэмы­ту, псэр щытыншу щытыпхъэщ. Егъэлеяуэ нэм къыщIэуэ плъы­фэ зиIэ, цIуугъэнэ хьэпшыпхэр пэшым щIэтын хуейкъым. Псейм фIэлъын хуейщ къап­лъэн теплъэ зиIэ, абы и сурэтхэр къызытещ хьэпшып зэмы­лIэужьыгъуэхэр. Удз щабэм хэлъу дыгъэм зезыгъэуну зы­фIэфI къаплъэным гурыхь щыхъунущ тхьэмпэ щхъуантIафэр ебэкIыу унэр вгъэщIэращIэмэ.
Къаплъэным и пшыхьым щывгъэувыну Iэнэм и тепхъуэр хужьрэ дыщафэрэ щызэхэшауэ къыхэфх, шэху уэздыгъэхэри тевгъэувэ. Шхыныгъуэхэм я ­гугъу пщIымэ, пхъэщхьэ­мыщ­хьэхэм ящыщу Iэмал имыIэу тетын хуейщ хъурмэр, апельси­ныр, мандариныр. Къап­лъэ­ным и шхыныгъуэ нэхъыщхьэр лыращ – аращи, абы къыхэщIы­кIа ерыскъы зэмылIэужьыгъуэхэр вгъэхьэзыр. Шэч хэмылъуи, нэхъыбэхукIэ нэхъыфIщ.
Къаплъэныр псэущхьэ жы­джэрщ, сытым щыгъуи зыгуэр къилъыхъуэу, щIэ гуэрым хуэпабгъэу щытщ. Къаруушхуэрэ гуащIэшхуэрэ зиIэщ, абы къыхэкIыуи зы щIыпIэм куэдрэ щытепыIэркъым. Илъэсыр яхуэфIынущ, ар зи унафэм щIэтым и хьэлым ещхьу, жы­джэрагъ зыхэлъ, сытым дежи щIэщыгъуэ гуэр къэзылъыхъуэ цIыхухэм.
Я лэжьыгъэкIэ ехъулIэныгъэ яIэнущ жэуаплыныгъэ хэлъу Iуэхум бгъэдыхьэхэм. Псом хуэ­мыдэу политикэм хэтхэмрэ творческэ лэжьыгъэ езыгъэкIуэкIхэмрэ.
КъуэкIыпIэ IуэрыIуатэм къы­зэ­рыхэщымкIэ, Къаплъэныр шабзэпс шэщIам ирагъэщхь. Абы зэуэ къилъэт шабзэр зы­хуаунэтIам зэрынэсыфым хуэ­дэу, Къаплъэнми сытым дежи зричу и мурадыр зригъэхъулIэфу зэ­рыщытым къыхэкIыу. Ара­щи, ИлъэсыщIэм дэтхэнэ зыми ди хъуэпсапIэр къыдэхъу­лIэнымкIэ Iэмалхэр щыIэщ. Гъэ дызы­техьэм етпх гугъапIэхэр къыдэхъулIэну, дэтхэнэми и уна­гъуэ жьэгум узыншагъэ, фIыгъуэ, зэгурыIуэ дэлъу илъэ­сыр ирахьэкIыну дохъуахъуэ!

ЩхьэщэмыщI Изэ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ