Джекэ

Тхьэмахуэ зытIущ хъуауэ къуажэм сымыкIуэжауэ иджы сыдохьэж. И кIэр игъэджэгуу ди хьэ хужь пэ фIыцIэ цIыкIур къыспежьауэ, сыкъеуфэрэзыхь. Сэри сыхуогуфIэри, сепсалъэурэ унэмкIэ сокIуэ: «Сэри сигу укъэкIащ, Джекэ, мамэ сымэ щIэс?» Джекэ и хьэлт унэм ущыщIыхьэкIэ, бжэм Iуувэрэ уи гъуэгур IуищIэу къоплъу къэувыжын - игу упымыкIыу арат абы къикIыр.
Къэхъуркъэ-тIэ зы щIыпIэ гуэрым, хьэпшыпым, цIыхум е Iуэхугъуэм гупсысэ гуэрхэм ущыхашэж, уигу къыщагъэкIыжIа?! Иджыпсту апхуэдэ щытыкIэ сригъэуват хьэм. Мыбы и плIэ лъакъуэ ижь зэпымыууэ кIэзызым сигу къигъэкIыжат си сабиигъуэм щыщ зы Iыхьэ цIыкIу. Ар куэд къыбжезыIэ, гъащIэм упхызыгъэплъ гукъэкIыжт…
Езы Джекэ абы щыгъуэ шырыбзэт, щабабзэт, IэфIыбзэт. Мы хьэр жэрумэ хуэдиз фIэкIа мыхъуу и анэм дзапэкIэ кърихьэкIырт. И шырым дыбгъэдыхьэмэ, зыгуэр къыщыдгъэщIынкIэ шынэу, нажэрти и нэ нэщхъеитIымкIэ лъаIуэ щIыкIэу къыдэплъу къэувырт. Анэгур зэрытхьэмыщкIэр нэхъри уи фIэщ ищIырт абы. «Анэ гумащIэр фымыгъэгузавэ», жиIэрти, дэри шыпхъу нэхъыжьым дыкъыIуишыжт…
Иджы къэдгъэзэжынщ гукъэкIыжым сыхэзыша Джекэ и лъакъуэ кIэзызымкIэ. Ар езы хьэр зэрышыр лъандэрэ, и анэр зэрылIэрэ апхуэдэт. И анэр пасэу IэщIэкIат.
Сабиигъуэр гукъинэж гуапэ мэхъу, ар унэм ущIэс зэпыту умыгъакIуэмэ. Губгъуэм, псыхъуэм, джабэм къыщыбжыхьу махуэхэр бгъэкIуэныр сабий куэдым иджы ямыIэ насыпщ. Махуэ хуабэ дэдгъэкIыртэкъым псым, джабэм дымыкIуэу. УмыкIуэнкIи Iэмал иIэтэкъым, апхуэдизкIэ ахэр тпэгъунэгъути. Ди хьэри арат - псыхъуэм куэдрэ дэтт. Аращ зытекIуэдэжари… А махуэм, адрей махуэхэми хуэдэу, хьэр псыхъуэм кIуащ зыгъэпскIакIуэ. Къэхъунур зыщIэ гуэрхэр щыIэу жаIэми, ди хьэр абыхэм яхиубыдатэкъым. Армыхъуамэ, дэкIынтэкъым пщIантIэм.
«КъиукIыкI» дыджэгуу пщIантIэм дыдэтт, Джекэ и анэм лъы къыпыжу къыщыдыхьэжам. Фоч уэ макъ къыщыIуамкIэ дызэрыхьащ. Жыг хадэм уилъадэмэ, псыхъуэр хуиту плъагъурти, фоч зыIыгъыу блэкI лIитIым гу лъытэгъуейтэкъым. «Джэдкъазыр яшх» жаIэурэ псыхъуэм хьэ хьэулей дэтхэр щаукI щыIэт абыхэм.
Дыдейри хьэ хьэулейуэ хуагъэфэщат.
- Ди хьэм фыкъыщIеуар сыт? – ящIэгубжьащ ди шыпхъур лIитIым.
- Уэ дызэрыномыуам щхьэкIэ гуфIэ, КIуцэ!- къэIужащ дыхьэшх зыщIэт макъ гутехуэгъуейр.
Мамэ хьэм и уIэгъэр хуипхащ, ауэ узым игъэгумэщI тхьэмыщкIэр тхуэшхакъым. Дэ хьэм дыжьэхэст, и шырри пэIэщIэ тщIыртэкъым. ЕтIуанэ махуэми шхакъым хьэр, нэщхъейт. Ещанэ махуэм и пщэдджыжьым Джекэ и анэр пщIантIэм дэдгъуэтэжакъым. Псыхъуэм къыщыдгъуэтыжащ лIауэ. «Хьэхэм я псэр зэрыхэкIынур къыщащIам деж пщIантIэм докI»,-жиIат папэ. Иджы согупсыс: «Псэущхьэхэм я бзэр псалъэу щытамэ, сыту пIэрэт хьэм уэсяту къигъэнэнур? Си шырым фыкIэлъыплъ, сэ сызукIам пэщIэвмыгъахуэ»,- жиIэну хъунт.
Хьэм къигъэна шыр цIыкIум и лъакъуэр кIэзыз хъуат. Щтэм къыхихагъэнт и анэм шэ къыщытехуам.
Джекэ и шырыгъуэм къыщищта гупщIэузым сэ си сабиигъуэм сихьыжри, балигъынэкIэ абы сыхигъаплъэжат. Си щIыбагъкIэ къыщыIуа къаз кIий макъырщ си гукъэкIыжхэр къызэпызудар. Джекэ и ныбжьэгъур къэсауэ къеджэрт. ГъэщIэгъуэнщ хьэмрэ къазымрэ я щытыкIэр - я псэр зы чысэм илъщ жыпIэнщ. ХьэлкIэ нэмыщI, адрей къаз къомым а зыр къахэщырт теплъэкIи - езыр хужьыбзэт, нащхъуэт. Джэдкъазым яхыхьэртэкъым ар куэдрэ. Джекэ и гъусэмэ нэхъ къищтэрт. Хьэм бгъурыст е и щхьэр абы кIэщIэIуауэ щытт. Сигу къокIыж: джэдкъаз ишхыу «пцIы къытралъхьэри» яукIауэ арат мы хьэм и анэр. ЗэныбжьэгъуитIым - хьэмрэ къазымрэ - сеплъырти, къысщыхъут дэтхэнэми ныбжьэгъум щхьэкIэ сытри хуэщIэну. Псэущхьэхэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр нэхъ быдэу пIэрэ-тIэ?!

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: