МазэцIэхэр

Адыгэхэм къызэралъытэмкIэ, илъэсым и пIалъэхэр зэрызэблэкIынур зыпыщIар Вагъуэбэрт. Ар щIым къыщыхэкIым и деж (иджырей мартым и 21-22) гъатхэр, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, адыгэ илъэсыщIэр къихьэрт.
Гъатхэм хеубыдэ гъатхэпэм (мартым) щыщу махуи 9, мэлыжьыхьыр
(апрелыр) – махуэ 30, накъыгъэр (майр) – махуэ 31-рэ, мэкъуауэгъуэм (июным) щыщу махуэ 22-рэ.
МэкъумэшыщIэр иужь итт гъатхэм мыбэлэрыгъыным. Ижь-ижьыж
лъандэрэ жаIэ : «Гъатхэ махуэ гъэ егъашхэ».
Адыгэхэм, щхьэж зыщыпсэу щIыналъэм езэгъыу, Iуэхур щегъэкIуэкIын хуейм теухуа махуэгъэпси яIэу щытащ. Псалъэм папщIэ, дэтхэнэ мэкъумэш къэкIыгъэри щытесэн хуей, вакIуэ дэкIыгъуэ, мэкъуауэгъуэ зэманхэм ехьэлIауэ.
Вагъуэбэр гъавэм къыхэплъамэ (июным и 2I-22), гъэмахуэм щIидзэрт. Гъэмахуэр псори зэхэту махуэ 92-рэ мэхъу. Абыхэм хохьэ
мэкъуауэгъуэ (июнь) мазэм щыщу махуи 8, бадзэуэгъуэ (июль) мазэм щыщу махуэ 3I-рэ, шыщхьэуIу (август) мазэм щыщу махуэ 3I-рэ, фокIадэм (сентябрым) махуэ 22-рэ.
Гъэмахуэр мэкъумэш лэжьыгъэхэм щигуащIэгъуэ лъэхъэнэщ.
Хьэсэхэр, пщIанэхэр къабзэу зехьэн хуейщ. Абы и закъуэкъым, атIэ
къэкIыгъэхэм я бий псоми – хьэпIацIэхэм, узхэм ебэнын хуейщ.
Адыгэ мэкъумэшыщIэ календарымкIэ, гъэмахуэ махуэ 92-р мы къэкIуэнум хуэдэу гуэшащ: бадзэуэгъуэм и I7-м гъэмахуэ шылэр къохьэ – ар махуэ 40 мэхъу, шыщхьэуIум и 22-м еух. Абы иужькIэ иджыри фокIадэм и 22 пщIондэ гъэмахуэщ. КъыкIэлъыкIуэу, вагъуэбэр жыг щхьэкIэм хыхьамэ (октябрым и 21-22), бжьыхьэр къэсауэ ялъытэрт.
Мы лъэхъэнэр мэкъумэшыщIэм и зэман нэхъ хьэлъэ дыдэхэм ящыщщ.
Гъэ псом къагъэкIар, къагъэхъуар къыщрахьэлIэж мазэхэщ. Ари махуэ 9I-рэ мэхъу. Абы хохьэ фокIадэм (сентябрым) щыщу махуи 8, жэпуэгъуэр (октябрыр) зэрыщыту, махуэ 3I-рэ, щэкIуэгъуэр (ноябрыр) – махуэ 30, дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуэ 22-рэ.
АдэкIэ Вагъуэбэр щIым хыхьэжу ябж. Ар тохуэ декабрым и 21-22
махуэм, абы щыгъуэ щIымахуэр къихьэу ялъытэ. ЩIымахуэр махуэ 90 мэхъу. Абы хохьэ дыгъэгъазэм (декабрым) щыщу махуи 9, щIышылэ (январь) мазэр зэрыщыту, махуэ 3I-рэ, мазаер (февралыр) – махуэ 28, 29-рэ хъууэ, гъатхэпэ (март) мазэм щыщу махуэ 22-рэ.
ЩIымахуэ шылэр къохьэ щIышылэм и 17-м. Ар махуэ 40 мэхъу. Шылэр еух мазаем и 23-м. Абы иужькIэ аргуэру махуэ 25-кIэ щIымахуэу щытщ.
Мы къызэрыдгъэлъэгъуам хуэдэу зэхэлъщ адыгэ мэкъумэшыщIэм и
илъэс махуэгъэпсыр. Гъэр къызэрыкIуэм, дунейм и щытыкIэм елъытауэ адыгэ мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэр зэтраухуэрти, я Iуэхур тэмэму дэкIт.
КъайхъулIэрт, сыт хуэдэ гъэми и шыфэлIыфэм, и къэкIуэкIэм елъытауэ мэкъумэшыр ящIэрти, Iэщыр зэрахьэрти. Абыхэм я гъащIэ псор «щIэщIауэ» яхьырт, зыгуэру темыплъэкъукIын папщIэ. Адыгэ мэкъумэшыщIэхэм ижь--ижьыж лъандэрэ къадекIуэкIа махуэгъэпсыр ноби гъавэ зыщIэхэм, Iэщ зыгъэхъухэм икъукIэ щхьэпэ яхуэхъунущ.
Адыгэ мазэцIэ ищхьэкIэ къэдгъэлъэгъуахэм къищынэмыщIа, нэгъуэщI фIэщыгъэцIэхэри ди бзэм хэтщ. Ар къызыхэкIар цIыхухэм я IэщIагъэм, я лэжьыгъэм ехьэлIауэ зэманыр къалъытэу зэрыщытарщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, адыгэ мазэцIэхэм зэреджэр зэтехуэркъым.

Дохъушокъуэ Синэ.
Поделиться:

Читать также:

25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ
22.04.2024 - 15:50 НОБЭ