ДУНЕЙМ ЩЫХЪЫБАРХЭР♦Сымаджэм и дунейпсо махуэщ ♦ЩIэныгъэм хэт бзылъхугъэхэм я дунейпсо махуэщ ♦Урысейм щагъэлъапIэ щIымахуэ спорт лIэужьыгъуэхэм я махуэр ♦Тутын емыфэным и урысейпсо махуэщ ♦Азербайджаным и налог къулыкъущIапIэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ ♦Япониер къэралыгъуэ щхьэхуэ щыхъуа махуэщ ♦1697 гъэм Пётр Езанэм Iэ щIидзащ Урысейм тутын щащэну хуит зыщI унафэм. ♦1809 гъэм бахъэкIэ лажьэ кхъухь япэу зэрищIам щыхьэт техъуэ тхылъи къратри, абыкIэ цIыхухэр къришэкIыну зэрыхуитым теухуаи хуатхащ америкэ инженер Фултон Роберт. ♦1826 гъэм Лондон къалэм университет къыщызэIухыным теухуа унафэ къащтащ. ♦1829 гъэм цIыху къызэрыгъэгубжьахэм Тегеран щаукIащ урыс усакIуэ, драматург, дипломат Грибоедов Александр. ♦1928 гъэм Санкт-Мориц (Швейцарие) къыщызэIуахащ II ЩIымахуэ Олимп Джэгухэр. Ахэр мазаем и 19 пщIондэ екIуэкIащ. ♦1929 гъэм Ватикан къэрал щхьэхуэ хъуащ. Аращ дунейм щынэхъ цIыкIу дыдэ къэралыр. ♦1847 гъэм къалъхуащ США-м щыщ къэхутакIуэ цIэрыIуэ, фонографыр къэзыгупсыса, дуней псом къыщалъыта зэхъуэкIыныгъэхэр электротехникэм хэзылъхьа, Америкэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр – Конгрессым и Дыщэ медалыр – зыхуагъэфэща Эдисон Томас. ♦1875 гъэм къалъхуащ актёр, «СССР-м и цIыхубэ артист» цIэр япэу зыхуагъэфэщахэм ящыщ Качалов Василий. ♦1902 гъэм къалъхуащ совет актрисэ, уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ, СССР-м и цIыхубэ артисткэ Орловэ Любовь. ♦1946 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, философие щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор, ЩIДАА-м и академик, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Унэж Кашиф. ♦1952 гъэм къалъхуащ жылагъуэ лэжьакIуэ, КъБР-м цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щоджэн Риммэ. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градус 3 - 4, жэщым щIыIэр градуси 3 - 1 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Пэжымрэ насыпымрэ зэгуэшэгъущ.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
|