Нобэ

♦УФ-м Наркотикхэм якIэлъыплъынымкIэ и IуэхущIапIэм и лэжьакIуэм и махуэщ
♦Уней хъумакIуэ агентствэхэм я лэжьакIуэхэм я махуэщ

♦Литвам и къэралыгъуэр щызэфIагъэувэжа махуэщ. 1990 гъэм Литва ССР-м и Совет Нэхъыщхьэм унафэ къищтащ республикэм и щхьэхуитыныгъэм теухуауэ.
♦1931 гъэм СССР-м къыщыхалъхьащ къэралым щыпсэухэм ГТО-м и мардэхэр ягъэзэщIэн хуейуэ.
♦1970 гъэм Испанием щыщ сурэтыщI цIэрыIуэ Пикассэ Паблэ и лэжьыгъэ 800 Барселонэ дэт музейм иритащ.
♦1991 гъэм КъБАССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым къищта унафэм ипкъ иткIэ «Ленин гъуэгу» газетым и цIэр «Адыгэ псалъэ» жиIэу зэрахъуэкIащ.
♦1926 гъэм къалъхуащ РСФСР-м и цIыхубэ артист, Хэку зауэшхуэм хахуэу хэта Юматов Георгий.
♦1948 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, КъБКъУ-м и профессор Уэщхъун МуIэед.
♦1975 гъэм къалъхуащ бэнакIуэ цIэрыIуэ, Олимп Джэгухэм щэнейрэ я чемпион хъуа Сайтиев Бувайсар.

Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ, къешх-къесу щыщытынущ. ЩIыIэр махуэм 1 градус, жэщым градуси 3 - 2 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ХьэфI дэплъейр хьэфI мэхъури, шыфI дэплъейр шыфI мэхъу.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ