Европэр къабзагъэм зэрыхущытым зэрызиужьар

Лъэпкъым и зыгъэкъэбзэкIэ хьэлым абы теухуауэ куэд къыбжеIэ. Дауэ мыбыхэм зэрызатхьэщIыр, я щыгъынхэр зэрызэрахьэр, я унэхэр зэрызэлъыIуахыр? Апхуэдэ упщIэхэм я жэуапырщ япэу хамэм Iуплъэм къилъыхъуэр. Сыт хуэдизу щIэныгъэкIэ лъагэу дэмыIэбеями, КъуэкIыпIэм елъытауэ, а лъэныкъуэмкIэ Европэр дыгъуасэ кIыфIыгъэм къыхэбэкъукIа къудейщ. 
 

Алыджхэмрэ урымхэмрэ зыгъэкъэбзэныр нэрыгъ ящIыпат, зыгъэпскIыпIэхэр бжыгъэншэу яухуэу. Чыристан диныр тепщэ хъун ипэкIэ Италием и къалащхьэ Рим хьэмэмхэм я бжыгъэр миным щыщIигъуу щытауэ жаIэ. ИужькIэ а псори шейтIаным и хуэIухуэщIэу къалъытэри ягъэкIуэдыжащ. XIX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ пщIондэ Европэр къабзагъэм хуэхейуэ щытащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Тхыдэм теухуа фильмхэм Iуэхум и пэжыпIэм щыгъуазэ уащIыфынукъым, сыту жыпIэмэ, ахэр щагъэувар ди лъэхъэнэрщ.
Испан пащтыхь гуащэ Изабелллэ и гъащIэ псом тIэу фIэкIа псы зыдимыгъэжэхауэ гукъэкIыж къигъэнащ: дунейм къыщытехьа махуэм зэрагъэпскIамрэ и хьэгъуэлIыгъуэм зыщыхуигъэхьэзырамрэ. Ардыдэр хужаIэ франджы пащтыхь Людовик XIV. Франджым щыIа урыс лIыкIуэхэм я тхыгъэхэм къыхощыж ар «мэзым къыщIаша псэущхьэм ещхьу, мейм зэщIищтауэ зэрыщытар». XV - XVI лIэщIыгъуэхэм къалэдэсхэм илъэс ныкъуэ къэс зэ загъэпскIыу щытамэ, къыкIэлъыкIуэ илъэс щитIым а хьэлыр зыханыпат. Дохутырхэм хагъэзыхьмэт псы щызыдагъэжэхыр. А псом и щхьэусыгъуэр чыристан диным, псом хуэмыдэу абы и католик къудамэм, зыбгъэпскIыныр гуэныхьу къызэрилъытэрт. Илъэс бжыгъэкIэ псы зэзымыгъэIусэхэм а Iуэхур Тхьэм зэрыхуэпэжым и нэщэнэу ягъэувырт. Инджылыз философ Рассел Бертран и лэжьыгъэхэм мыпхуэдэ гупсысэ къыхохуэ: «Къабзагъэм гущыкI хуэзыщIа чыристан духьэшыхэр цIэ яхищIэхэм «Тхьэм и налкъуткIэ» еджэхэрт, ахэр пхэсыныр фIэщхъуныгъэ куу зэрыббгъэдэлъым и нэщэнэу жаIэу. Абыхэм загъэщIагъуэрт псыежэх зэпрыкI пэтрэ къецырхъа фIэкIа, игъащIэм псы зэрызрамыгъэIусамкIэ». Дыху щIынкIэ нобэ франджыхэм уалъэщIыхьэжыну къыщIэкIынкъым. ИпэжыпIэкIэ дыхури къежьа щIэхъуар илъэс бжыгъэкIэ зэтрихьа мэ Iейхэр пащтыхь сэрейм щагъэкIуэдын папщIэщ. Чыристан диныр пхэнжу къазэрыгурыIуэрт и щхьэусыгъуэр Европэм щыпсэухэм псы ижыпIэхэр илъэс минрэ ныкъуэкIэ зыщагъэгъупщэн хуей щIэхъуам. Пащтыхь сэрейхэр щIэх-щIэхыурэ щIагъэIэпхъуэр зэрахуэмыгъэкъабзэрт. Унэм щIах фIейр а зэманым щхьэгъубжэмкIэ къыдаутIыпщыкIыу щытауэ ягъэхъыбар. Зэгуэрым Людовик IX и щхьэм тхьэщIэпс зэрыт пэгун фIей къытраунащIэри, аргуэру унафэр яхъуэжащ. Абдеж къыщыщIэдзауэ, щэнейрэ «Хуэсакъ!» жыпIэу уи щхьэгъубжэмкIэ укъыдэмыкIиикIауэ, зыри къыдэпкIыкI хъужынутэкъым. НатIэшхуэ зыIут пыIэ хъурейхэр XVII лIэщIыгъуэм къыщIагупсысар пащтыхьым къыщыщIар къащымыщIын щхьэкIэщ. Сэлам щахкIэ я пыIэхэр щхьэрахыу къыщIаублари абы и щIыIум пхъэнкIий зэрыщызэтрихьэрт.
Уэрамхэр апхуэдизкIэ фIейм зэщIищтэрти, зекIуапIэ къэнэжыртэкъым. ЗэрыжаIэмкIэ, а лъэхъэнэрщ нэмыцэ къалэ куэдым «пхъэ лъакъуэхэр» (иужькIэ лъэдакъэ лъагэм хуэкIуэжахэр) къыщIыщагупсысар, узыхэмыувэIауэ къэпкIухьыфын щхьэкIэ. Девгъэплъыт сурэтхэм ит европей щIалэ хъыжьэхэм я теплъэм. XVI - XVII лIэщIыгъуэхэм я зэпылъыпIэм псэуа франджы щауэхэм я нэхъыбэр фэрэкIнапэу, я щхьэцымрэ щыгъынымрэ цIэм зэщIищтауэ апхуэдэхэщ. Апхуэдэ псэукIэм уз зэрыцIалэ къимышапIэ иIэтэкъым. Емынэ уз къежьам цIыху мелуан 25-м нэс ихьащ, итIани, католикхэм абы и щхьэусыгъуэу ягъэувар зэрызамытхьэщIратэкъым, атIэ гуэныхьхэрт, абыхэм Тхьэм фIэмылIыкIыу хьэмэмым зэрыкIуари хэту.
«ЖорзекIуэ» зыфIаща, Европэмрэ КъуэкIыпIэмрэ щызэпэщIэта лъэхъэнэм чыристан зауэлIхэм зыкъомрэ къагурыIуакъым, дэнэ зыщамыгъэпщкIуми, муслъымэнхэм тыншу къыщIагъуэт щхьэусыгъуэр. КъызэрыщIэкIымкIэ, ахэр сыт нэхъри нэхъ наIуэу къыщIэзыгъэщыр къакIэрих мэрт. Ауэ а жорзехьэхэрщ зи фIыгъэр муслъымэнхэм куэд щIауэ зэрахьэ сабыныр Европэм зэрыIэрыхьар. XVIII лIэщIыгъуэм хьэрыпхэм сабын щIын щыщIадзар ящыгъупщэжат. Нобэ нэхъ лъапIэ дыдэу къалъытэ «Кастил сабыным» и зэхэлъхьэкIэр къэзыгупсысар а зэманым Испанием щыпсэуа муслъымэнхэрщ. Жорзехьэхэм сабыным и Iэмалыр Европэм къахьэса нэужь, ар къэрал унафэкIэ ящIын щIадзащ. А щIэныгъэр апхуэдизкIэ лъапIэт, хамэхэм яIэрыхьэ хъунутэкъыми, сабын зыщIыф цIыхум бэлэрыгъыу щэхур къыжьэдэмыхун папщIэ, жэщгъуэлъ иIэну хуадэртэкъым.
Аращи, Европэм нобэ зэрызигъэщIагъуэм и нэхъыбэр къызыбгъэдихар КъуэкIыпIэрщ.
 

 

Чэрим Марианнэ.
Поделиться: