Нобэ

Къэуат зыщIэлъ ерыскъымрэ шхынкIэ емыгъэлеинымрэ я махуэщ
Италием егъэлъапIэ Республикэ щыхъуа махуэр
(1946 гъэм). 1861 гъэм къыщыщIэдзауэ а къэралыр тетащ пащтыхь хабзэм. 1946 гъэм ирагъэкIуэкIа референдумым кърикIуахэм япкъ иткIэ Италие пащтыхьыгъуэр щымыIэж хъуащ – къэралыр республикэ унафэ щIыкIэм хуэкIуащ.
Азербайджаным и граждан авиацэм и лэжьакIуэхэм я махуэщ
1920 гъэм РСФСР-мрэ Тыркумрэ дипломатие зэхущытыкIэ зэхуаIэ хъуащ.
1924 гъэм США-м щыпсэу индейцхэр а къэралым и цIыхуу къызэралъытэ унафэм Iэ щIадзащ.
1928 гъэм Налшык тхылъ тедзапIэ къыщызэIуахащ.
1931 гъэм Лондон (Инджылыз) щызэхэтащ Газым елэжьхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэ къызэгъэпэщыным теухуа унафэ къыщащта конференцэ.
1953 гъэм Елизаветэ ЕтIуанэр Инджылызым и пащтыхь гуащэ хъуащ.
1955 гъэм Байконур космодромыр Къэзахъстаным ухуэн щыщIадзащ.
1962 гъэм Новочеркасск щызэтраукIат уасэхэр зэрыдгъэуеямкIэ зэрымыарэзыр жаIэну уэрамым къыдыхьа цIыху мамырхэр. Абы щыгъуэ цIыху 24-рэ хэкIуэдат, 39-рэ уIэгъэ хъуат. Къэралым къыпэувауэ ягъэкъуаншэри, суд унафэкIэ цIыхуибл яукIат, 114-рэ ягъэтIысат.
1976 гъэм СССР-мрэ Филиппины Республикэмрэ яку дипломатие зэхущытыкIэхэр дэлъ хъуащ.
1876 гъэм къалъхуащ совет тхакIуэ, драматург цIэрыIуэ Тренёв Константин.
1937 гъэм къалъхуащ адыгей сурэтыщI ЛъапцIэрыщэ Нурбий.
1950 гъэм къалъхуащ усакIуэ, журналист Хьэту Пётр.
1961 гъэм къалъхуащ урысей актрисэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ Яковлевэ Алёнэ (Еленэ).
1981 гъэм къалъхуащ теннисист цIэрыIуэ, УФ-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер, Дэвис и Кубокыр къэзыхьа Давыденкэ Николай.

Дунейм и щытыкIэнур

«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 27 – 28-рэ, жэщым градус 17 - 19 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
Емыджа егъэджакIуэ хъуркъым.

 

 

Зыгъэхьэзырар ЖЬЭКIЭМЫХЪУ Маринэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ