Дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэ

Хьэрып Эмиратхэм  я къалащхьэ  Абу-Даби   щекIуэкIа дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэм ди республикэм и лIыкIуэу хэтащ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, «Жан» зэгухьэныгъэм и унафэщI, усакIуэ, журналист Къаныкъуэ Заринэ.

Урысейм и лIыкIуэу абы щыIащ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, сабий тхылъхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIахэр, бзэ щIэныгъэлIхэр, зэдзэкIакIуэхэр.  Тэтэр, дагъыстэн, шэшэн литературэхэр утыку кърахьащ Галиул-Лин Рустем (Къэзан), Джалиловэ Айгюн (Мэхъэчкъалэ), Цуруев Шарип (Грознэ) сымэ. Урысейм и къэрал стендыр игъэхьэзыращ Гуманитарнэ тхылъ тедзапIэ зэгухьэныгъэм (ОГИ). Аращ Урысейм ис лъэпкъхэм я антологиехэр къыдэзыгъэкIри. Выставкэм хыхьэу Урысейм и дапхъэр къызэрагъэпэщащ художественнэ, тхыдэ, сабий литературэхэм ящыщ иужьрей къыдэкIыгъуэхэмкIэ. 

- Къэралым и лъэпкъ цIыкIухэм къахэкIа тхакIуэхэм папщIэ ягъэхьэзыра программэм дытету дылэжьащ. Выставкэм дыщытепсэлъыхьащ бзитIымкIэ тхэхэмрэ зэдзэкIакIуэхэмрэ зыIууэ Iуэху зэIумыбзхэм, - жеIэ Заринэ. – Апхуэдэ дунейпсо щэнхабзэ зэхыхьэшхуэхэр щхьэпэщ щIыналъэ цIыкIухэм я тхакIуэхэм зыдужьынымкIэ, нэгъуэщI щIыпIэхэм щыщ ди лэжьэгъухэр зэдгъэцIыхунымкIэ, ныбжьэгъу дызэрыгъэхъунымкIэ, ди лэжьыгъэхэмкIэ дызэчэнджэщынынымкIэ. Къэралым и дежкIи апхуэдэ зэпыщIэныгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Урыс литературэм дихьэххэм я мызакъуэу, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я литературэм, лъэпкъыбзэкIэ тхахэм еджэхэм я бжыгъэм хэгъэхъуэнымкIи ар IэмалыфIщ. Хьэрып Эмиратым нэхъапэм  хузиIа еплъыкIэм зихъуэжащ, сыту жыпIэмэ, нэхъ пасэм ар къэрал зэхуэщIауэ къысщыхъурт. Зи хабзэ зыIыгъыж, зи диным пщIэ хуэзыщI къэралыр нэгъуэщIхэми   и бжэр зэрыхузэIухар гуапэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: