Гур хэзыгъахъуэ IэщIагъэ

         Дзэлыкъуэ районым хыхьэ Дзэлыкъуэдэс къуажэм щыщщ адыгэ бзылъхугъэхэм я лъэпкъ IэщIагъэхэм  пэгъунэгъу зыхуэзыщIыжа Джатэ Мадинэ.

         Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Мадинэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым агроном-технолог IэщIагъэр щызэригъэгъуэтащ. Зэрысабийрэ сурэт щIынри зыхилъхьэ щымыIэу къекIуэкIами, и зэфIэкIым зримыгъэужьу IэщIыб ищIыжат. Ауэ и  анэр зэпымыууэ дахэу дэуэ зэрилъэгъуар къыхуэщхьэпэжа къыщIэкIынщ, езым зигъэсэжауэ цIыхубзым и фэилъхьэгъуэм къыгуэхыпIэ имыIэу епха сумкэхэр Мадинэ зэмылIэужьыгъуэу зэIуищэн щIидзащ.  Нэхъыщхьэращи, ахэр цIыхухэм ягу ирихьащ, хьэпшыпхэм щIэупщIэ яIэ хъуащ.

         Иджыпсту Мадинэ Москва щопсэу, бухгалтер IэщIагъэм хуеджэжауэ абы иролажьэ.

         - Лэжьыгъэ IэнатIэ къэбгъуэтыныр ди зэманым гугъущ. Псом хуэмыдэу сэ 200I гъэм еджапIэ нэхъыщхьэр къыщызухам сызыхуейм си Iэр щытемыхуэм, къалэшхуэм сыкIуэн хуей хъуащ, - жеIэ Джатэм. – Къапщтэмэ, хэдэхэплъэ сымыщIу ерыскъы щащэ тыкуэни сыщылэжьащ. Абы мазищ нэхъ дэмыкIыу администратор къулыкъур си пщэ къралъхьэри, илъэсищ хуэдэкIэ а IэнатIэм сыIутащ. ИужькIэ а IуэхущIапIэ дыдэм и офис нэхъыщхьэм бухгалтер-кассиру сагъэкIуэжати, си Iуэхур нэхъ кIуэтащ. Къапщтэмэ, а IэнатIэрат сызылъыхъуари, си зэфIэкIым зэрыхэзгъэхъуэным иджы зэпымыууэ иужь ситщ.

         И лэжьыгъэм къыщыдэхуэ зэманращ Мадинэ и гум дыхьэу, къехъулIэу ищI  хьэпшыпхэм щепэщэщыр. Япэ дыдэ абы зэIуищар цыджанэщ.

         - Мы IэщIагъэм сыхэзыгъэгъуэзар Москва сыкъэкIуэн и пэ, ныбжьэгъу къысхуэхъуауэ щыта Зыхъуэхэ Иринэщ, - жеIэ Мадинэ. -  Iэмалыр къэспхъуэтати, лэжьапIэ нэужьым си зэштегъэу хуэдэу Iыхьлыхэм зыгуэрхэр яхузэрысхъэурэ згъэгуфIэрт. Къапщтэмэ, сэри си гур хэзыгъахъуэ Iуэхуу ар къыщIэкIащ. КъищынэмыщIауэ, хьэпIацIэщыгъэкIэ, налкъуткIэ щыгъэхэмрэ Iэпщэхъухэмрэ сыблэрт, жыг цIыкIухэр сщIырт.

         Мадинэ лъэпкъ IэщIагъэхэм нэхъ куууэ зыхигъэгъуэзэн хуей щIэхъуар ирепх Шэрджэсым щыщ адыгэ пщащэ Дэбагъуэхэ Аринэ къызэрицIыхуам. «Аринэ дизайнерхэм ядолажьэ, адыгэ зэхуэсхэм язым дыщызэрыцIыхуати, и IэдакъэщIэкIхэм зыщызгъэгъуэзат, - къыддогуашэ Джатэр. -  «КъызэхъулIэну пIэрэ сэри мыпхуэдэ гуэр», - жысIэу сыщыгупсысэм, Аринэ сытригъэгушхуащ, «умыщIэр, уэзгъэлъэгъунщ», - жиIэри. Куэд елъытащ Iуэхур къызэрыбдаIыгъым».

         Мадинэ адэкIэ зэрызиужьын Iэмалхэр «къыщеулъэпхъэщ» Интернетми. ЗэрыжытIауэ, иджыпсту абы нэхъ зытригъэщIар сумкэ, пхъуантэ цIыкIухэр щIынырщ. Ахэр егъэщIэращIэ лъэпкъ дамыгъэхэмкIэ, адыгэ ныпым и теплъэмкIэ, нэгъуэщI тхыпхъэхэмкIэ.

         Мыпхуэдэ Iуэхум Мадинэ иужь зэрихьэрэ илъэситIым нэблэгъауэ аращ, ауэ куэдым къацIыхуащи, и хьэпшыпхэр зэбгрокI. «Сыт хуэдиз сумкэ пхуэща?» - жысIэу сыщеупщIым, къызжиIащ зы I5 хуэдиз Москва дэсхэм къызэращтар, иджыри зыхыбл Къэбэрдей-Балъкъэрым къызэригъэхьар.

         - ДэнэкIэ дыщыIэми, дызэрыадыгэр тщIэжу, дыкъызыхэкIа лъэпкъыр тIэту, ди нэхъыжьхэм я жыIэм дыщIэту, ди цIэр фIыкIэ дгъэIун зэрыхуейрщ  дэтхэнэми ди къалэну къэслъытэр, - жеIэ ди псэлъэгъум.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: