Урысейм иран фильмхэр къыщагъэлъэгъуэнущ

Иранымрэ Урысеймрэ щэнхабзэ зэгурыIуэныгъэ зэращIылIащ урысей телевиденэм а къэралым щыщ режиссерхэм ягъэува фильмхэр къызэрыщагъэлъэгъуэнумкIэ.
Урысейм щыпсэухэр иран теплъэгъуэхэм зэрыдахьэхрэ куэд щIащ. Мыбыхэм ущIэукIытэн щыплъагъунукъым, я щапхъэ нэхъыфIхэр цIыхум и гурыщIэ куухэм яхуэгъэзащ, динри дахэу къыщыгъэлъэгъуащ. 
Нобэ и гугъу фхуэтщIыну ди гуапэщ Хардбанд Саид Риза игъэува, дакъикъитIрэ секунд бжыгъэкIэ фIэкIа емыкIуэкI «Махуэку зэIущIэм». 
Режиссёрыр илъэс 20 фIэкIа хъуртэкъым Луксор щекIуэкIа кинофестивалым мы теплъэгъуэм япэ увыпIэр къыщыщихьам. Абы лъандэрэ илъэсищ дэкIа пэтми, «Махуэку зэIущIэр» ди деж къыщысар иджыщ. 
Зэгъусэу машинэм ис, ныбжь зиIэ зэщхьэгъусэхэр усэ зэпэдзыж джэгуурэ гъуэгум ирожэ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар къэжэрхэм я лъэпкъ джэгукIэхэм язщ. Зым жиIэ усэ сатырыр зэриух хьэрфымкIэ адрейм нэгъуэщI усэ къыхедзэ. Зэщхьэгъусэхэм зэпадзыжыр езыхэм я лъэпкъэгъу Хьэфиз и сатыр цIэрыIуэхэрщ. «Шираз щыщ тырку тхьэIухудым…» деж нэса къудейуэ, тIуми ялъагъу къабгъэдэт машинэм ис зэщхьэгъусэ щIалэхэр лIэрыIуахыу зэрызэдауэр, абыхэм япхъу цIыкIур нэщхъейуэ и щIыбагъымкIэ зэрисыр. Дадэм сабийм и гукъыдэжыр къиIэтыжыну и Iэпэхэр хуигъэджэгу щхьэкIэ, я адэ-анэм я кIий макъым хъыджэбз цIыкIум гуфIэныгур фIагъэкIуэдыпащ. Абдеж дыдэм дадэр зэрыс машинэм щIалэ цIыкIу гуэр зигъэхэгъэрейуэ къыбгъэдолъадэри, жеIэ: «Зымахуэрей хъурмэхэм хуэдэ къызэптын?» Дадэм абы IэфIыкIэ тIэкIу иретри IуегъэкIыж, иужькIэ кIэлъоджэри кърегъэгъэзэж. Зы псалъи жимыIэу, машинэм ис нанэм IэщIэлъ розэ Iэрамэр къыIехри, макъышхуэкIэ зэдауэ зэщхьэгъусэ щIалэхэм яхурегъэхь. «Адрей къакIуэ нэхъ дахэжу къыпхуэсхьынщ», - жреIэ дадэм гуфIэурэ къеплъ и щхьэгъусэм. Удз гъэгъар зыIэрыхьа щIалэгъуалэр зокIуж, хъыджэбз цIыкIури тоуж. Ауэ дэнэ нанэр здэкIуар? Дадэр нэщхъейуэ и закъуэ машинэм ису йожьэж. 
КъызэрыщIэкIымкIэ, фильмым щекIуэкIым и ныкъуэр дадэм и нэгум щIэту аращ. Перс хабзэм тету, ар мэрем пщыхьэщхьэхэм дунейм ехыжа и щхьэгъусэм и кхъащхьэм трилъхьэну удз гъэгъахэмрэ хуигуэшыну IэфIыкIэхэмрэ иIыгъыу кхъэм макIуэ. Нанэр машинэм искъым, дунейм ехыжакIэщ. Фильмым и кIэм жэнэтым теухуауэ къэIу усэ сатырхэри абы и щыхьэтщ. 
 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: