Хэхъуэмрэ гъэсэныгъэмрэ

«ГъэрыпIэ зэрихуар къыфIэмыIуэхуу,

Бгырысхэм я щэнхабзэм ар кIэлъыплъырт…», - Пушкин Александр.

Адыгэхэр сыт хуэдизу зэпIэзэрыту, хьэлкIэ зэтеубыдарэ, ткIийуэ щымытами, хуабагъэшхуэ яхэлъу сабийхэм ящхьэщытт. Сабийм, хэхъуэм ехьэлIауэ щыIа хабзэхэм уриплъэжмэ, къыбгурыIуэнущ ар.

Псом япэрауэ, сабийр дунейм къызэрытехьэу, анэм и пыIэр щхьэрихыжырти, IэлъэщI зэтрилъхьэрт. Абы къигъэлъагъуэрт нысащIэр унагъуэм щыщ нэрыбгэ зэрыхъуар.

Сабийр къызэралъхурэ тхьэмахуитI щрикъу махуэм техуэу гущэхэпхэ ящIырт.

Нысэм и анэм къыбгъэдэкIыу,  унагъуэм гущэ, тепIэн-щIэлъын, сабий хьэпшып, щыгъын зэмылIэужьыгъуэхэр кърагъашэрт. Гущэхэпхэ хабзэм тету, адыгэхэм гущэм япэ щIыкIэ джэду ирагъэгъуалъхьэрт, абы и жейм хуэдэу сабийм ейри IэфI, бэIутIэIуншэ хъун папщIэ.

Адыгэхэм я фIэщхъуныгъэм ипкъ иткIэ, бын куэд зыпIа фыз кърагъэблагъэрт сабийр япэ дыдэ гущэм храгъэпхэну. Ар гъунэгъуми, благъэми, жылэм щыщми хъунут.

Iэмал имыIэу, щхьэкупцIапцIэм хуэсакъын хуейт. Сабийр илъэс зэрырикъуу, щхьэкупцIапцIэр зэрыкIыжу, и «дзыгъуэ щхьэцыр» яупсырт. Щхьэц щабэ Iэрамэхэр анэм е анэшхуэм игъэтIылъырт, гукъэкIыж хуэдэу  ихъумэну.

Адыгэхэм я сабийхэр ягъасэрт анэм пщIэшхуэ хуащIу,   фIэлIыкIыу.

«Анэм и жагъуэ зыщIам къуимыщIэн щыIэкъым, зримыхьэфын щIэпхъаджагъэ къигъэщIакъым» - жаIэрт адыгэхэм.

ГъущI гъэплъамрэ мафIэмрэ я гуащIэр зыщIэзыша псыр зэрыхущхъуэм шэч къытезымыхьэ адыгэхэм я щIалэ цIыкIухэр кIыщым яхьырти, апхуэдэпскIэ ягъэпскIырт. ЖаIэрт, щIалэ цIыкIур Iэпкълъэпкъ быдэу, хахуэу, лIыхъужьу къэхъуу.

ЩIалэ цIыкIухэм зыгуэр къагурыIуэ зэрыхъуу, ныбжьэгъугъэмрэ зэкъуэтыныгъэмрэ хуагъасэрт, ар зэрыуасэншэм щIагъэджыкIырт. Зым зым дзыхь хуищIрэ, нэкIэ зэгурыIуэфмэ – арат псом нэхъ лъапIэр.  Адыгэхэм ныбжьэгъум щхьэкIэ ямыщIэн щымыIэу, уеблэмэ  я псэр ятыну хьэзырт. Я сабийхэри абы хуагъасэрт.

Сытым щыгъуи зэрыщытаращи, адыгэхэм бзылъхугъэм пщIэшхуэ   хуащI. Пщащэ цIыкIур ягъафIэрт, щIэкIиертэкъым, Iэ щабэ-Iу щабэу хущытт. Абы къыдэкIуэу, хъыджэбз цIыкIухэр хуагъасэрт укIытэ, шынэ, къабзагъэ, шыIэныгъэ, щабагъэ, гулъытэ яхэлъыным. Псом хуэмыдэжу пщащэ цIыкIум и теплъэм, и дахагъэм, и къабзагъэм гулъытэшхуэ хуащIырт.

«Адыгэ бзылъхугъэхэм дахагъэкIэ къатекIуэнрэ пэжыгъэкIэ къефIэкIынрэ дуней псом теткъым…», - итхыгъащ урыс армэм и дзэпщ Бларамберг.

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: