Адыгэхэм я зэрыщIэныгъэ

ЗэрыщIэныр, зэпсэлъэныр цIыхур зыхуэныкъуэ къудей мыхъуу, набдзэгубдзаплъэу ухэплъэмэ, гъэунэхупIэ, гъащIэм и дерс псори къызыхэпх Iуэхугъуэщ. 
Апхуэдэ гупсысэм къыхэкIыу, адыгэ хабзэм къегъэув нэхъыжьыр къыщыщIыхьэкIэ пщIэ хуэпщIу укъэтэджыныр къызэрыгуэкI хьэлу. Апхуэдэу зи жьакIэхэр уэсу тхъуа нэхъыжьыфIхэм зыкъаIэтырт цIыхубз пэшым къыщIыхьамэ. Уеблэмэ, цIыхухъу фIэкI зыщIэмыс пэшым бзылъхъугъэ щIыхьамэ, зэрыщыту къэтэджын хуейт. Апхуэдэ хабзэмкIэ цIыхухъухэм ягъэлъагъуэрт бзылъхугъэм хуащI пщIэр. 
Шапсыгъ-адыгэхэр фIыуэ зыцIыхуа Лапинский Теофил зэритхыжамкIэ, “адыгэхэр нэхъыжьми пщащэхэми зэхуэдэу яхуэтэджырт, пщIэ кIэлъызэрахьэр зэхуэбгъэдэфынут”. 
Адыгэбзэмрэ адыгагъэмрэ я къулеигъэр къиIуатэу, цIыхум ущыIущIа зэманым елъытауэ, я фIэхъус ехыкIэр зэхуэдэтэкъым. 
Псалъэм папщIэ, шууейр нэхъыжь е бзылъхугъэ хуэзамэ, шым къепсыхырти, къыхуэкIуэр езым ижьырабгъумкIэ блигъэкIырт. КърихьэлIахэр я пIэм итмэ, шыр IумпIэкIэ иIыгъу, къапекIуэкIырт. 
ЦIыхухъур гупым “гуп махуэ, апщий!” жиIэрти, яхыхьэрт. Гупым я нэхъыжьыр абы “Упсэу, апщий” жиIэу къыпэджэжырт. 
ЦIыхубзым сыт хуэдизу пщIэ хуамыщIми, цIыхухъум и гъуэгур зэпиупщIыну хуиттэкъым. Хабзэм ипкъ иткIэ, бзылъхугъэм цIыхухъу къыхуэкIуэу илъэгъуамэ, къэувыIэнурэ, ар блигъэкIынут. ЦIыхухъур лъэбакъуэ зытIущкIэ блэкIа нэужь, бзылъхугъэми и гъуэгум пищэжырт. Хабзэм къигъэувырт бзылъхугъэр щысу пэшым нэхъыжь къыщIыхьамэ, къэтэджын хуейуэ (къыщIыхьар унэIуту, е Гуащэр арауэ щытми). Хьэлэмэтщ адыгэ хабзэм къыхэщыж мыпхуэдэ Iуэхугъуэри: зэпсалъэу зэбгъэдэт цIыхуитIым я зэхуакум зы лъэбакъуэ нэхъ мащIэ дэлъын хуейтэкъым. Зэуэршэрхэр бзылъхугъэу щытмэ, зэбгъэдэкIуатэIуэми емыкIутэкъым, ауэ цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ, нэхъыжьымрэ нэхъыщIэмрэ я зэхуакум лъэбакъуитI-щы дэлъыпхъэт. Уеблэмэ, зэхуэзахэм я Iэр щызэрыубыдкIэ, нэхъыщIэр нэхъыжьым гъунэгъущэу зэрыбгъэдэмыкIуэтэным кIэлъыплъырт. 
Пасэрей зэманым адыгэхэр цIыхум и Iэпкълъэпкъым лейуэ лъэIэсыртэкъым. Псалъэм папщIэ, и дамащхьэм теуIэныр, и Iэр иубыдыныр. Iэмал иIэтэкъым цIыхубзым и Iэм, Iэблэм улъэIэсынкIэ. 
Адыгэхэм Iэщэм пщIэ лей хуащIырт. Iэщэ зехьэкIэми хабзэ щхьэхуэ иIэт. Псалъэм и хьэтыркIэ, цIыхухъуитI зэхуэзамэ, зыр адрейм ижьырабгъумкIэ къыпекIуэкIырт, Iэщэр зыкIэрыщIа я сэмэгурабгъур зэхуэгъэзауэ щытын щхьэкIэ. ЦIыхухъуитI шууэ ирикIуэмэ, нэхъыщIэм нэхъыжьым и сэмэгурабгъу зищIырт. Шууейхэм я бжыгъэр нэхъыбэмэ, я зэхэтыкIэми зихъуэжырт: нэхъыщIэ дыдэр нэхъыжьым и ижьырабгъумкIэ къэувырт, курытым сэмэгурабгъур хуит хуищIу. Ар къызыхэкIыр нэхъыщIэр IукIын хуей хъумэ, нэхъыжьым и сэмэгурабгъум зыгуэр къыщыту, нэхъыжьыпIэм къинэжауэ гъуэгуанэр пащэн щхьэкIэт. 
Уи япэ ит шум ущыбгъэдыхьэкIэ, сыт хуэдэ ныбжь уимыIами, сэмэгурабгъукIэ уекIуэлIэн хуейт. ШууитIым уакIэлъэщIыхьамэ, занщIэу ижьырабгъу зыщIыпхъэт. Дауэ мыхъуами, асыхьэтым хабзэм къызэритIасэм хуэдэу, нэхъыжьыгъуэкIэ зэхэгъэщхьэхукIауэ, гупыр и пIэм иувэжынут. 
Гупыр, шуми лъэсми, сыт хуэдизу куэд мыхъуами, зы сатырэм цIыхуищ нэхъыбэ иувэртэкъым. Хабзэм тету, гупым и пэм шууищ итт: и кум нэхъыжьыр, абы и бгъуитIым нэхъыщIэхэр къыщыту. ЛъэсырыкIуэхэми арат я кIуэкIэр. Дзэшхуэр зауэм щыкIуэкIэ, дзэпщыр - шу пашэу, къыщагъэзэжкIэрэ - шу кIашэу къекIуэлIэжырт. Ар уэркъ лIакъуэм къыхэкIа зауэлI хахуэм и нэщэнэт. 
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: